Яшэча хьэзабым и мыхъур зытелъхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм гъатхэпэм и 27-м къыщызэIуахащ балъкъэр лъэп­къым и махуэщIым траухуа гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы утыку къыщрахьащ усакIуэ, тхакIуэ икIи су­рэтыщI Сарбашев Азноррэ Къалмыкъ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI Дорджинов Викторрэ я лэжьыгъэхэр.

Зэрысымаджэм къыхэкIыу зэIущIэм къримыхьэлIэфа Виктор и гугъу щищIым, Сарбашевым къыхигъэщащ: «Дорджиновымрэ сэрэ дызэныбжьэгъужьщ, ди Хэку зэрыдгъуэтыжари ди зэхуэдэ гуфIэгъуэщ. ЦIыхубэм дыхуэлэжьэну къару къытхэзылъхьэри нэхъыбэу аращ».
Мы Iуэхум зыкърезыгъэхьэлIахэм яфIэгъэщIэгъуэну зэпаплъыхьырт сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр, тхыдэм и напэкIуэцIхэм ухэзыгъаплъэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. Нэр зэрагъэгуфIэм, псэр зэрыдахьэхым къыдэкIуэу, абыхэм яхэплъагъуэрт лъэп­къым ишэча хьэзабым и мыхъур зытелъхэри. Дауэ хъуми, сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр гулъытэ къэзылэжь, дэтхэнэ зыри псалъэ гуапэ зыхуэфащэ защIэт…
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат къыщыпсалъэм фIыщIэ яхуищIащ къызэхуэса псо­ми. Апхуэдэуи абы жиIащ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэм ирагъэхьэлIа гъэлъэгъуэныгъэм Кавказ ­Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псори зэрызришалIэр.
- Щэнхабзэращ лъэпкъхэр зыхъумэнур, къезыгъэлынур, - жиIащ УФ-м и цIыхубэ сурэтыщI, график цIэрыIуэ Пащты Герман. – Сарбашев Азнор и IэдакъэщIэкIхэр абы и зы щыхьэту мэув икIи я фIыгъэр цIыхубэм къилъытакIэщ: ягу зэрыдыхьэмкIэ, гъэлъэгъуэныгъэм щытлъагъухэм узэрызыIэпашэмкIэ.
СурэтыщIхэмрэ абыхэм я лэжьыгъэхэмрэ гуапэу и гугъу ящIу, зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ, Аттаев Жашарбэч, Додуев Аскэр, Мокаев Владимир сымэ, апхуэдэуи Сарбашевым и ныбжьэгъухэмрэ и гуащIэм дихьэххэмрэ.

ИСТЭПАН Залинэ. Сурэтыр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.
Поделиться: