Адыгэ пщащэм и ехъулIэныгъэ

Лос-Анджелес и Долби театрым, хабзэ зэрыхъуауэ, «Оскар» саугъэтыр щатащ. «Анимацэ фильм нэхъыфI» Iыхьэм а саугъэтыр къыщихьащ Тыркум хыхьэ Корум къалэм щыпсэу адыгэ уна­гъуэм къыщыхъуа Кайдере Мерве, «Пиноккио Гильермо дель Торо» мультфильмым и анимацэ, сценографие лэ­жьыгъэхэм папщIэ.

Мерве и адэр Тыркум хыхьэ Чорум-Сарайджыклы щыщ беслъэней адыгэщ, и анэр шапсыгъ адыгэщ. Мерве Ха­джеттепе къэрал университетым архитектурэмрэ дизайнымкIэ и факультетыр ехъулIэ­ныгъэкIэ къиухащ. 2015 гъэм пщащэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм кIуащ, аспирантурэм и щIэныгъэм щыпищэну. Ар сценографистуи лэжьащ. Мерве зыхэта унэтIыныгъэм «Оскар» саугъэтым щыщIэ­къуащ цIыхуитхум я лэжьыгъэ, ауэ пщащэм и анимацэр нэхъыфIу къалъытащ.
Ди лъэпкъэгъу пщащэм дыдогуфIэ, и зэфIэкIхэм хигъэхъуэнуи ди гуапэщ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: