Нэхъ лъэщхэр Нарткъалэ щызэхагъэкI

Ерчэн Темболэт и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт спортымкIэ уардэунэм илъэс еханэ хъуауэ щокIуэкI армэ IэпщэрызауэмкIэ 115-нэ шуудзэм и республикэпсо фэеплъ зэхьэзэхуэ. Иджыблагъэ абы кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIы­пIэ куэдым къикIа ныбжьыщIэхэр.

Зэхьэзэхуэм щIидзэным ипэкIэ къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ ДОСААФ-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Мацыхъу Хъусен, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм хэт Абэно­къуэ Владимир, Нало Залым и цIэр зезыхьэ Техник ныбжьыщIэхэм я станцым и зауэ-хэкупсэ центрым и унафэщI Гулэжын Беслъэн КъБР-м Армэ IэпщэрызауэмкIэ и федерацэм и тхьэмадэ Шэрджэс Заурбэч сымэ. Абыхэм къыхагъэщащ щIэблэр узыншэу къэхъунымкIэ мыпхуэдэ зэпеуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр икIи ныбжьыщIэхэр яхуэфащэу щытын зэрыхуейр Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ТекIуэныгъэ Иныр къыт­хуэзыхьахэм.
Хьэлъагъ зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ, я ныбжь елъытауэ, гуэшауэ зэхьэзэхуэхэр гуащIэу екIуэкIащ. Абыхэм щытекIуахэм фэеплъ кубокхэр, медалхэр, щытхъу тхылъхэр зыIэрагъэхьам къищынэмыщIауэ, Iэмал ягъуэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм мыгувэу щыIэну зэпеуэм хэтыну.
115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и фэеплъу ар­мэ IэпщэрызауэмкIэ екIуэкIа республикэпсо зэ­хьэзэхуэр къызэгъэпэщыным я зэфIэкIрэ мылъкурэ хэзылъхьащ КъБР-м Армэ IэпщэрызауэмкIэ и федерацэм, Аруан районымрэ Къэхъун къуажэмрэ я щIы­пIэ администрацэхэм, Нало Залым и цIэр зезыхьэ Техник ныбжьыщIэхэм я станцым, Германием ­къулыкъу щызыщIахэм я зэгухьэныгъэм.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: