ЩIыналъэм и тхыдэр зыхъумэ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыIэщ тхыдэ дэфтэр гъэщIэгъуэнхэр, тхылъхэр, ъхъыбар зиIэ хьэпшыпхэр, нэгъуэщI куэди щызэхуэхьэса Тхыдэ-лъахэхутэ музей. Музейр Дзэлыкъуэ щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан и жэрдэмкIэ 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м къызэIуахащ. Тхыдэ къулей зиIэ, цIыху щэджащэхэр зи куэд Дзэлыкъуэ щIыналъэм и хъугъуэфIыгъуэхэр музей уимыIэу зэрыпхуэмыхъумэнур къилъытащ абы. Музейр къызэгъэпэщыным республикэ мылъкуи текIуэдакъым, езы щIыналъэм иIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпыжри зэфIигъэуващ. Музейр Дзэлыкъуэкъуажэ дэтщ.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм теухуауэ щыIэ архивыр, тхыдэ хъыбархэр, щIыпIэ телъыджэхэм ятеухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, сурэт гъэтIылъыгъэхэр, хьэпшып зэхуэмыдэхэр зэхуэхьэсыныр, хъумэныр, цIыхухэм егъэлъагъуныр - аращ музейм и мурадыр. Республикэм, щIыналъэм, дуней псом цIэрыIуа щыхъуа цIыху куэд иIэщ щIыналъэм. Хэт гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIащ, хэт литературэм хэлэжьыхьащ, хэт щIэныгъэм гъуэгу щыпхишащ, хэт Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэтащ. Музейм щIэлъщ адыгэ хабзэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм теухуа гъэтIылъыгъэ къулеи. Ахэр, псалъэм папщIэ, егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми я лэжьыгъэхэм къыщагъэсэбэп. Музейм куэдрэ щрагъэкIуэкI республикэмрэ къэралымрэ щагъэлъапIэ махуэшхуэхэм я пшыхьхэр. Ахэр псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щхьэпэщ.

КъызэрымыкIуэу хьэпшып лъапIэхэр щахъумэ музейм. ИкIи абыхэм я лъапIагъыр къызэралъытэр ахэр къызыхэщIыкIаракъым, я уасэнкIэ хъунуракъым. Ахэр лъапIэ зыщIыр зэрытIорысэрщ. Зэманыжьым къыпхыкIа хьэпшыпхэм Iэмал имыIэу хъыбар телъыджэхэри ящIыгъущ. Псалъэм щхьэкIэ, абы щIэлъщ Къармэхьэблэ деж къыщыщIатIыкIыжа хьэпшып тIорысэ дыдэхэр: мывэ уадащхьэр (мывэ лъэхъэнэм и зэманщ), илъэс миниплIрэ ныкъуэрэ зи ныбжьу хуагъэфащэ пасэрей кхъуэщыныжьхэр, илъэсищэрэ ныкъуэрэ зи ныбжь фащэ Iэщхьэпылъ, быргуэ-быргуэ тIорысэ дыдэр, гуэншэрыкъыр, шыгун етур, гуэгуэныжьхэр, жыр пыIэхэр. Адыгэм и псэукIэрэ IуэхущIафэу иIар, щIым зэрытелажьэу, Iэщым зэрыкIэлъыплъу щыта Iэмалхэр - куэд къаIуатэ абыхэм.

ГъэщIэгъуэнщ, зауэ зэман лъандэрэ яхъума сэлэт письмо щимэ цIыкIухэри абы зэрыщIэлъыр. Хэку зауэшхуэм и тхыдэм теухуауэ куэд щахъумэ музейм, зауэр зи нэгу щIэкIахэм зы плIанэпэ хухахауэ. Дзэлыкъуэкъуажэ зэрыпхъуакIуэхэм щаубыдам щыгъуэ, Бабыгуей Жан къуажэ советым фIэлъ нып плъыжьыр къыфIихри, и унэ пкIэунэм щигъэпщкIуащ. Къуажэр хуит къэхъужыху ихъума ныпыр нэмыцэхэм къагъуэтамэ, езыри и унагъуэри ягъэкIуэдынут. А шынагъуэм ебакъуа бзылъхугъэр зы щапхъэщ. Илъэс 14 фIэкIа хъуртэкъым Ташло Мурадин зауэм щыгъуэ лIыхъужьыгъэ щызэрихьам. ЗэрыпхъуакIуэхэм Малкэ къуажэр щаубыдам, нэмыцэ офицерым Малкэ шэщым адыгэшу щIэтыр Германием яхуну унафэ ищIат. Мурадин щIалэ цIыкIуитI и гъусэу ди зы партизаным щэхуу зыбгъэдишэри къелъэIуащ: шэщыбжэр ямылъагъуу Iуахыу, шыхэр яутIыпщыну. Мурадин щIыгъу щIалэ цIыкIуитIым дзыхь ящIакъым – шынащ. Мурадиным шыхэр жэщым игъэкIуасэри, Куржым ихуащ. Мазитхум нэблагъэкIэ (нэмыцэхэр дахужыху) абы шыхэр щигъэхъуащ. ЩIалэм къигъэзэжа нэужь, шы спортым хыхьащ, спортсмен хъуащ. Ари нэгъуэщI зы щапхъэ.

НэгъуэщI щIыналъэхэм, къалэхэм къикIыу музейм зыплъыхьакIуэ кIуэхэм япэ дыдэу ирагъэлъагъу Дзэлыкъуэ щIыналъэм и ныпыр, гербыр, гимныр.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: