Макъамэ гъуазджэм и вагъуэр щоблэ

Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ и щIэблэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат. Композитор, пианист щIалэщIэм зэфIэкIышхуэ зэриIэм и щыхьэтщ абы и IэдакъэщIэкIхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къызэрыхэжаныкIыр, щэнхабзэм и цIыху цIэрыIуэхэм зэрадэлажьэр.

Мурат зэрыцIыкIурэ макъамэр фIыуэ илъагъурт, абы къыхэкIыуи а Iуэхугъуэм хуеджэным псынщIэу хэзэгъащ. Ар илъэс 14-м иту арат Урысей Ипщэм и концертмейстер ныбжьыщIэхэм я етIуанэ зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьам. Илъэс дэкIри, «Макъамэ гъатхэ-2001» зыфIаща, пианистхэм я зэпеуэм и дипломант хъуащ. Ахэр щIалэм ехъулIэныгъэм хуича и япэ лъэбакъуэхэт.

2009 гъэм Къэбэрдокъуэм Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ къэрал институтым и композитор, фортепианэ факультетхэр диплом плъыжькIэ къиухащ, адэкIэ абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Римский-Корсаков Н. А. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт консерваторием и аспирантурэм. Студенту щыщыта илъэсхэми Мурат зэпеуэ куэдым хэтащ икIи сытым щыгъуи абыхэм бжьыпэр щиубыдащ.

Зыхуигъэувыж мурадыр ерыщу зэзыгъэхъулIэ, зыхэт дэтхэнэ зы Iуэхури и зэфIэкIымкIэ зыгъэдахэ цIыху телъыджэщ Къэбэрдокъуэ Мурат. Композитор, пианист щIалэм и ехъулIэныгъэхэм я лъабжьэр гукIи псэкIи къыхиха IэщIагъэм  зэретарщ.

Щалъхуа щIыпIэм пэжыжьэми, ар къуэпс быдэкIэ пыщIащ къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым. Урысей щэнхабзэм и къалащхьэу къалъытэ Санкт-Петербург илъэс зыбжанэ хъуауэ щыпсэу щIалэр зыхэтым яхэшыпсыхьакъым, атIэ и адыгагъэкIэ къахощ, и анэдэлъхубзэри дахэу егъэшэрыуэ. «Уи бзэр пщIэжыным, ар пIурылъыным мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жеIэ Мурат. - Сэ сызэреплъымкIэ, укъызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр нэхъ куууэ щызыхэпщIэнур абы теухуа литературэр уи анэдэлъхубзэмкIэ бджымэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Нартхэм я эпосыр, адыгэ IуэрыIуатэр».

Мурат и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэм адыгэ щэнхабзэм ижь ящIихуащ. Абы и хъуэпсапIэщ адыгэ макъамэр дунейпсо утыку ирихьэну. Республикэм щекIуэкI щэнхабзэ зэхыхьэхэми жыджэру хэтщ, езым и IэдакъэщIэкI макъамэкIэ и хэкуэгъухэр игъэгуфIэу.

Къэбэрдокъуэ Мурат урысей щэнхабзэм лъэ быдэкIэ хэуващ. Нобэ абы и цIэр композитор цIэрыIуэхэм я гъусэу къраIуэ, и IэдакъэщIэкIхэр утыкушхуэхэм кърехьэ, сытым дежи цIыху куэд къызэхуишэсу, и лэжьыгъэхэр зыгъэзэщIэнур езым къыхихыжынуи Iэмал иIэщ. Мурат и зэфIэкIым и лъагагъыр къызэралъытэ зы пщалъэщ, псалъэм папщIэ, макъамэмкIэ дунейпсо зэпеуэхэм абы и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зы Iэмал имыIэу щагъэзэщIэн хуейуэ зэрыхагъэхьэр.

АдэкIэ нэгъуэщI лэжьыгъэ зэфIимыгъэкIми, Мурат и цIэр щэнхабзэ тхыдэм къыщIыхэнэнщ «Кавказым и симфониехэр» макъамэ проектыр. Радиожурналист Теувэжыкъуэ Марианнэрэ абырэ Кавказым ехьэлIауэ адыгэ, балъкъэр, урыс композиторхэм ятхауэ щытахэр зэхуахьэсыжри, диски 5 хъууэ дунейм къытрагъэхьащ. «Ар дэтхэнэ зы школми яIэн хуейщ, макъамэмкIэ дерсхэм папщIэ, - жеIэ Мурат. - ЩIэблэм ящIэн хуейщ лъэпкъ макъамэм и хъугъуэфIыгъуэр къахуэзыгъэнахэм я цIэхэр - ХьэIупэ ДжэбрэIил, Къардэн Хьэсэн сымэ. Псалъэм папщIэ, лъэпкъ гимныр Къардэн Хьэсэн зэритхар ящIэн хуейкъэ?! Хэкупсэу щIэблэр къэбгъэтэджынымкIэ абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ».

Композитор щIалэщIэм дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа IэдакъэщIэкIхэр и мащIэкъым. Апхуэдэу щытми, мурад дахэхэр и гуращэщи, дэ шэч къытетхьэркъым макъамэ гъуазджэм хэува и вагъуэр нурыбэу къызэрыблэнум.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: