IэщIагъэр ягу ирихьмэ…

Дэтхэнэ зы IэщIагъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ауэ жэуаплыныгъэшхуэ нэхъ зыпылъыр, цIыху гъащIэмрэ узыншагъэмрэ хъумэнымкIэ къалэн пыухыкIа уи пщэ къыдэзылъхьэр дохутыр IэщIагъэрщ. Уи щIэныгъэкIэ, IэзагъкIэ, зэфIэкIкIэ уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу а IэнатIэм упэрытын папщIэ, сытым дежи нэхъыбэ зэрызэбгъэщIэным ухущIэкъуу, еджэныгъэм ухуэмыщхьэхыу ущытын хуейщ. Медицинэ IэщIагъэр къыхэзыха нобэрей студентхэр зыхуэдэм, абыхэм зэрадэлажьэм дыщигъэгъуэзащ КъБКъУ-м и медицинэ къудамэм факультет терапиемкIэ и кафедрэм и доцент, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Тау Мадинэ
- Факультет терапием къызэщIиубыдэр клиникэхэм щрагъэкIуэкI дерсхэрщ икIи абы къыхэкIыу а кафедрэр нэхъыщхьэхэм хабжэ. Студентым тхылъхэмрэ лекцэхэмрэ къыщищIар лэжьыгъэ и пIалъэкIэ щIигъэбыдэжынымкIэ ар Iэмал хъарзынэщ. Сымаджэхэм якIэлъыплъкIэрэ, узхэр зыхуэдэр, ахэр къызыхэкIыр, къызэрыпхутэнур, зэрыбгъэхъужынур нэхъ куууэ щадж факультет терапиемкIэ кафедрэм. Факультет терапиемкIэ зрагъэгъуэт щIэныгъэрщ студентхэм лъабжьэ быдэ яхуэхъур. Абы къыхэкIыуи IэщIагъэм куууэ хащIыкIын папщIэ, ди кафедрэм фIы дыдэу щеджэн хуейщ.
Куэдрэ зэхыбох: «Нобэрей студентхэр еджэркъым», - жаIэу. Ауэ а псэлъафэр сыт хуэдэ зэманми къыдокIуэкI. Илъэс дапщэ хъуауэ сымылажьэми, сэ гу зылъыстаращи, еджэнур йоджэ, зыщIезыгъэххэри щыIэщ. Еджэным и лъэныкъуэкIэ нобэрей студентхэм я Iуэхур фIы хъуащ - абыхэм Интернетыр дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуохъу. Нэхъыбэ къащIэнымкIи я къэухьым зрагъэужьынымкIи ар Iэмал хъарзынэщ. Зы щапхъэ къэсхьынщ. Бехтеревым и узыфэкIэ зэджэм и гугъу щахуэсщIым, къыхэзгъэщащ аллегорие фIэщыгъэу «и тхыр шамбырым (бамбук) хуэдэщ» зэрыжытIэр. Хамэ къэрал щыщ студентым шамбырыр зищIысыр ищIэртэкъым. Абы къыбгъэдэсым занщIэу Интернетыр къызэIуихри, ар иригъэлъэгъуащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ тыншу и нэгу къыщIигъэхьащ зи гугъу тщIыр. Ди студентхэм зэфIэкI хъарзынэхэр зыбгъэдэлъхэр мымащIэу яхэтщ. Сэ сызэреплъымкIэ, щIэныгъэм хуэпабгъэ, еджэну хуей щIалэгъуалэр нэхъыбэщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр зыхуеджэ IэщIагъэр ягу ирихьу зэрыщытыпхъэрщ. ИтIанэ абы теухуауэ нэхъыбэ къызэращIэнуми хущIэкъунущ. «Дохутыр сыхъуну сыхуейщ» жыпIэкIэ зэфIэкIыркъым. Ар нэгъуэщI IэщIагъэуи щрырет. Узэрыхъуну узыхущIэкъум щIэныгъэкIэ унэсын хуейщ. Пэжщ, дохутыр IэщIагъэм нэхъ егугъун хуейщ, цIыху гъащIэр, узыншагъэр абы елъытауэ щытщи. Медицинэ IэщIагъэм хуеджэну зи мурадхэм школыр щIэныгъэ лъабжьэ быдэ яIэу къаухын хуейщ.
Куэдрэ къыщыхъу щыIэщ сымаджэхэр дохутырхэмкIэ мыарэзыуэ, псалъэмакъ мыщхьэпэхэр яку къыщыдэхъуэ. Апхуэдэ зэхущытыкIэхэри ди дерсхэм щызэпкърыдох. Сымаджэр, шэч хэмылъу, тэмакъкIэщI, гурыщхъуэщI мэхъу. Аращи, зэрыхъукIэ абы и гур фIы хуэпщIу укъыпекIуэкIын хуейщ. Си студентхэм сытым дежи яжызоIэ: сымаджэм фи макъым зевгъэIэтауэ фемыпсалъэ, зэныкъуэкъу фи зэхуаку къызэрыдэмыхъуэным фыхущIэкъу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, щыIэщ сымаджэм бгъэдыхьэкIэ къыхуэзымыгъуэтыф дохутырхэр. Зи щхьэ зи жагъуэм упэщIэувэ хъунукъым, псалъэ гуапэ защIэкIэ и щытыкIэр зыхуэдэр къыгурыбгъэIуэн хуейуэ аращ. Ар сымаджэщ, и узыншагъэмкIэ, и гъащIэмкIэ мэгузавэри, мыарэзыныгъэ гуэр къигъэлъагъуэми, худэпчыхыпхъэщ. Дохутырым сымаджэм дзыхь зыхуригъэщIыфмэ, тIуми я Iуэхур тыншу екIуэкIынущ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: