Атэлыкъымрэ къанымрэ

Адыгэхэм куэд щIауэ къадогъуэгурыкIуэ къан хабзэр. Ар пасэрейхэм – нартхэм, я деж къыщежьауэ къалъытэ. Хабзэр епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм къэсащ, нэхъ зезыхьари лIакъуэлIэшхэрщ. Пщым и къуэр атэлыкъым иримыгъэпIмэ, апхуэдэпщым пщIэ имыIэу къалъытэрт. Щыгъуазэхэм зэратхыжамкIэ, пщым и бын и унэ къринэртэкъым: ар дунейм къызэрытехьэххэу, и уэркъхэм ящыщ зым иритырти, балигъ хъуху иригъэпIырт. Балигъ хъуа нэужьт ар унэм къыщашэжыр. Абы щыхьэт тохъуэ Нэгумэ Шори, Хъан-Джэрии, нэгъуэщI щIэныгъэлIхэри. Абыхэм зэратхымкIэ, быныр атэлыкъым (арат къан зыпIым зэреджэр) щратыр ар сабий ныбжьым щитым дежт, уеблэмэ сабий быдзафэу. Дунейм къытехьа сабийр, къану ятын ипэ, къэзылъхуам и унэ илъэситI-щыкIэ щапIынкIэ хъурт – зекIуэху, псэлъэху. Сыт хуэдэ ныбжьми ирырет, пщым къуэ къыхуалъхуамэ, атэлыкъым иригъэпIын хуейт – ар лIакъуэлIэшхэр зытемыкI хабзэт. А хабзэр, ткIийуэ темытми, яхэлъащ уэркъхэми лъхукъуэлIхэми. 
Псоми ирагъэпIыртэкъым къан, ар дзыхь зыхуащIыр пщIэ, хыхьэхэкI зиIэ, хабзэм куууэ хэзыщIыкI цIыхут.  Къан къэзыхьам и пщэ къалэнышхуэ дилъхьэжырт. Ар хузэфIэмыкIынумэ, апхуэдэ къалэн и пщэ дилъхьэжынутэкъым зыми, абыкIэ хэгъэзыхь щыIэтэкъым. НэгъуэщIым и сабий балигъ хъуху упIыныр, дауи, тынштэкъым, апхуэдэм тегушхуэ хабзэр зи щхьэ и пIалъэ зыщIэж, зи гуащIэрэ зи акъылрэ къигъэгугъэ цIыхут. Къан зытым игурэ и щхьэрэ щIызэтелъри арат: атэлыкъ къалэныр япэ къэсым и пщэ дилъхьэжынутэкъым. 
Атэлыкъыр и къаным езым и быным нэхърэ нэхъ елIалIэрт, и быным хуимыщIэнур хуищIэрт, ауэ щигъэкIынутэкъым икIи игъэсэхъунутэкъым, пщым и пщыжым къилъхуами. Зэрыхабзэти, атэлыкъым ипIар нэхъ щэныфIи нэхъ гъэсаи хъурт. Хабзэм нэхъыбэ хищIыкIырт, нэхъ цIыхугъи гулъыти далъагъурт, и щауэгъухэм лIыгъэкIи IущыгъэкIи ефIэкIырт – ар къан хабзэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэм ящыщ зыт. Атэлыкъым и къаныр, псом япэрауэ, къыщIигъэтэджэн хуейт адыгэ хабзэм: цIыхум яхыхьамэ, и нэмысрэ и щэныфIагъкIэ къахэщу, нэхъыжьым пщIэ хуищIыфрэ емыкIу-екIугъэр къыгурыIуэу, езыр шууейрэ Iэщэр игъэIэрыхуэу, гугъуехьыр ишэчыфрэ дзыхэ жыхуаIэр имыщIэу. А псор къаным хипщэн щхьэкIэ, атэлыкъыр зэблэ щыIэтэкъым – и зэмани, и мылъкуи. Къаныр игъэшэсурэ, атэлыкъыр гъуэгуанэ щIэх-щIэхыурэ техьэрт, и къаным хэгъэрей, ныбжьэгъу иIэ хъун щхьэкIэ. Къаныр псэзэпылъхьэпIэ иримыгъэхуауэ къришэлIэжыртэкъым атэлыкъым: сыт хуэдэ гугъуехьми шынагъуэми хуэщIауэ къэтэджын хуейт къаныр. 
Балигъ хъуху епI, егъасэри, атэлыкъым и къаныр зейм яхуешэж. И къаныр зей адэ-анэм щахуишэжкIэ атэлыкъым и къалэнт абы шырэ Iэщэ-фащэрэ иритыну. Я къуэр къашэжа нэужь, ар зейм махуиблкIэ джэгу ящIырт, щIалэр яхуэзыпIар, яхуэзыгъэсар (атэлыкъыр) ягъафIэрт, щрагъэжьэжкIэ тыгъэ лъапIэхэр хуащIырт. Атэлыкъымрэ къаным и адэ-анэмрэ игъащIэкIэ зэблагъэ хъурт, зэи зэрыгъэгъуэщэжыртэкъым; къанымрэ атэлыкъымрэ зэадэзэкъуэ зэрызэхуэхъур гурыIуэгъуэщ – а тIур зэи зэфIэкIуэдыжыртэкъым. 
«Нарт хуэдэщ» – ар хужаIэрт хабзэмрэ лIыгъэмрэ щIапIыкIа адыгэлIым, и псэ пытыхуи а цIэр игъэпэжырт. 

Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:

Читать также: