«МафIэм и къарур»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту екIуэкIа урысей кинофестивалым и саугъэтыр къыхуагъэфэщащ ди къэралым и кинорежиссёр цIэрыIуэ Сокуров Александр и гъэсэн Хьэмыкъуэ Олег.
Режиссёр ныбжьыщIэм «ЗэрыдзапIэ» зыфIища полнометражнэ фильмым нарт эпосым щыщ Iэдииху и IуэрыIуатэр лъабжьэ хуищIащ, кIэ зимыIэ дунейм къыдекIэрэхъуэкI цIыху гъащIэм и зы напIэ дэхьеигъуэри гъэунэхупIэу зэрыщытыр и гъуазэу. ЦIыхур щIэпсэумрэ зыхуэпсэумрэ… А IуэхугъуитIыр зы бынжэпкъыу зэрыдзащ, режиссёрыр зыгъэпIейтей дэтхэнэ зы Iуэхури абы къитэджыкIын хуейуэ къилъытэу. Шэч хэлъкъым утыку ихьа щIалэм гугъу дехьу къигъуэта а «ЗэрыдзапIэр» гуращэу иIэм я къежьапIэрэ я хъумапIэрэ зэрыхъунум.
Фильмыр адыгэбзэкIэ зэрытрахам гурыгъу-гурыщIэ щхьэхуэ хелъхьэ. Езыми къызэрыхигъэщащи, иужьрей зэманым Кавказ Ищхъэрэм щытрах кинофильмхэм абы щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр къызэрыщыIур куэд и уасэщ. Адыгэ къуажэм къыщыхъуа режиссёр ныбжьыщIэм гупыж зыхуищIа лэжьыгъэр езыр зэрыгупсысэ и анэдэлъхубзэмкIэ зэриублам къарурэ зэфIэкI лейрэ къызэрыхилъхьам шэч хэлъкъым. Гузэгъэгъуэу уи бзэкIэ бгъэтIылъа хъуа лъабжьэм хуэдэ щыIэкъым. НэгъуэщI бзэхэмкIэ - ар фIыуэ бгъэтэрэзуи щрет - къепхьэжьэ Iуэхур, зи куууагъымрэ зи купщIэмрэ зыфIэкIуэда гуэдзэн лэжьыгъэ къудейуэ къонэж.
ЗэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ, къэралым и щIыналъэ цIыкIухэм яIэу щытакъым езыхэм я гъащIэм, я тхыдэм, я щэнхабзэм теухуа фильмхэр зи бзэкIэ зыгъэувыж режиссёрхэр. Арати, ди къуршхэм, ди щIыпIэ нэхъ дахэхэм ятеухуа фильм кIэщI къызэрыгуэкIхэмкIэ яухырт, лъэпкъыу къызэрыгъуэгурыкIуэмрэ а лъэпкъым и гъащIэ зэриIэжымрэ щIыIуху телъу. ГугъапIэу къахуэнэр, Москва дэс режиссёрхэм ящыщ гуэр щIыналъэхэм гъуэгурыкIуэу къизэрыхьу, езым и гупсысэрэ и хуэгъэфэщэныгъэкIэ зыгуэр трихынырт.
Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэ тефэтелэхэм я Iэужьыр ди нэгу щIэкIыжащ къэралым и лъэлъэжыгъуэм: жэрыжэм тету Кавказым и щIыналъэ щхьэхуэхэм фильмхэр щытрахырт, ар Къэбэрдей-Балъкъэрым зыкIи къемыпха пэтми, адыгэбзэкIэ псалъэуха гуэрхэр къызэрыщыIур зэхэпхыу. Ар тезыххэр Кавказым щызекIуэ бзэ къудейхэр зэрызэхуэмыдэм къытеувыIэххэртэкъым, абы зэман трагъэкIуадэу. АтIэ ар лъэпкъ щхьэхуэхэм я дунейм куууэ зэпхрыплъу, ябгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэр, тхыдэ, щэнхабзэ къулеигъэр къагъэлъэгъуэфынкIэ уащыгугъыныр щхьэгъэпцIэжт.
Зэманым наIуэ къищIащ сыт хуэдэ лъэпкъми (цIыкIу е ин ирехъу) ятеухуа фильм нэсхэр тезыхыфыну режиссёрхэр езы лъэпкъхэм къахэхъукIауэ щытын зэрыхуейр. ЗэфIэкI зиIэ режиссёр ныбжьыщIэхэр къызэрытщIэхъуэр, дыщыгуфIыкI къудейм имызакъуэу, нобэм къэс тпэIэщIа дунейпсо кинематографие гъуазджэм и гъуэгушхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуэзыунэтI Iуэхугъуэ инщ, абы и псыпэр ди лъэпкъым хухэзыша Сокуров Александр и фIыщIэр зэи ящыгъупщэ мыхъуну.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: