Псэм къыбгъэдэкI сатырхэр

Жэуаплыныгъэ ин зыпылъ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ ­IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрыта, ноби ­гъащIэм жыджэру хэт ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур зымыцIыху куэд щыпсэу къыщIэкIынкъым ди щIыналъэм. 1994 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зы­хуагъэфэща а адыгэ бзылъхугъэ щыпкъэр ящыщщ зи хэ­кумрэ лъэпкъымрэ и къару емыблэжу хуэлэжьахэм, зи дуней тетыкIэри Iуэху зехьэкIэри куэдым я дежкIэ щапхъэ хъуахэм. Зи псалъэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ жылагъуэм пщIэ щаIэ ДыщэкIым хуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэхэм, хэкупсэ нэсхэм яубзыху мардэхэмкIэщ щIэблэм щIэныгъэ ноби зэрыратыр, ныбжьыщIэхэр зэрагъасэр, пэжыгъэм, захуагъэм, цIыхугъэм зэрыщIапIыкIыр. 
Марие егъэджакIуэ Iэзэ, гъэсакIуэ гумызагъэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр къудейкъым. Абы и къалэмыпэм, методикэ тхылъ купщIафIэхэм ящIыгъуу, къыщIокI усыгъэ дахи. НэщI мазэ лъапIэм къриубыдэу Дыщэ­кIым псэм къыбгъэдэкIыу итха усэ ­сатырхэм ящыщхэр ди газетым и нобэрей къыдэкIыгъуэм ­тыдодзэ, «Хэщхьэж гупсысэхэр» фIэ­щыгъэм щIэту.

 

 

 

Хэщхьэж гупсысэхэр

ХъыбарыфIрэ IуэхуфI куэдкIэ махуэщIэр
зыхуэупсэн,
Хьэл-щэныфIрэ гулъытэфIкIэ цIыхухэр
зыхуэхъуэхъуэн,
Бэрычэтрэ жумартагъкIэ Тхьэшхуэр
зыхуэгуэпэн,
Угъурлыгъэрэ пэжагъ нэскIэ щIыуэпсыр зэтэн,
Лъагъуныгъэрэ сакъыныгъэкIэ и Iыхьлыхэр
зыхуэарэзын,
Узыншагъэрэ Iэпкълъэпкъ лъэщкIэ дунейр
зыхуэупсэн
Фи быни фи щхьи Тхьэм фищIыну солъаIуэ. 

*   *   *
ЦIыху къытхуэзамэ, къытпикIухьу,
ДумыщI дэ ябгэ, фIэкIыгъуей.
ФIыуэ щызекIуэр дымылъагъу зытщIу,
Iуэху Iейм дылъыхъуэу, я Алыхь, думыщI.
Зы цIыху щымыIэ дагъуэ имыIэу,
Зэхэлъ фIы защIэуи сымылъэгъуа.
ЦIыхум фIэпщ и цIэм куэд елъытащи, 
Iэмал иIэххэмэ, фIыр къэдвгъэлъыхъу.
ЦIыху дапщэ щыIэ, дзэлыфэр ятIми,
Нэхъ уагъэпудмэ, пщыгуфIыкIын,
Нэхъ напщIэуфэми, фэрыщIагъэншэми,
ЩыIэкъэ псэр щхьэузыхь зыщIыфын?
НэщI мазэ лъапIэм ирещI псэр щабэ,
Щхьэхуещагъ тхэлъмэ, ирегъэкIуэд,
IурекIуэт жыжьэу тхэлъ фыгъуэ-ижэр,
ФIылъагъуныгъэр Iэдэж тхурехъу.

*   *   *
Дунейм и IэфIым хэмынын,
ЦIыхум и гуапэм щымыщIэн,
Быным я дахэмкIэ пэгэн,
Iэпкълъэпкъ узыншэкIэ гуфIэн,
Зи гуэныр зэи нэщI мыхъун,
Зи жьантIэр нэхъыжь щымыщIэн,
Зи щIэблэр зэи щымыуэн,
Губжьыр и тепщэу емыкIу къэзымыхьын,
Фадэр, тутыныр зытемыкIуэн,
Зи пщIэ-нэмысыр зыIыгъыжын,
Муслъымэн гъуэгум ирикIуэфын,
Мы ди Тхьэу лъапIэр зыхуэарэзын
Дыхъуну псори сыту си гуапэт.

*   *   *
ЦIыхур зэса хьэлым уэ къыпхутешын?
ЗэкIэ къытепшыфми - еутэкIыжынщ.
Вагъэмбэкъу зыдэтым хэт къыдашыфа?
Къыдашахэм щыщи хэт дэмыпкIэжа?
ЦIыхум и лъым хэтым сыт уэ пхуещIэфын?
Лъы къабзэ зыщIэтхэр Тхьэм тIысэгъу
къытхуищI. 

*   *   *
ЦIыхум и мылъкуми бгъэдэлъ щIэныгъэми
Уэ сынолъэIур уемыхъуэпсэну.
Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, а псом ухуеймэ,
ЩIэбэн ерыщуи, зэбгъэгъуэтынщ.
Дыхъуапсэ хъумэ, дызэхъуэпсэнур 
Зигу зэIухауэ хэткIи хьэлэлырщ.
ЩIэблэу къытщIэхъуэр гъэса хъун щхьэкIэ
Щапхъи чэнджэщи зыгъэлъэгъуэфырщ,
Хабзэ-нэмыскIэ щапхъэ трахыу
ЖьантIэр тIысыпIэу зыхуагъэфащэрщ.
Дыздевгъэхъуапсэ зи лъэужь дахэр
ЦIыхум къахэнэу зэи мыкIуэдыжхэм.
НэхъыфIщ дехъуапсэмэ, дунейм ехыжми,
Зи цIэр гъэ минкIэ къэзыгъэнэфхэм.

*   *   *
Дагъуэншэ зыри дэ дыхъункъым, 
Ауэ цIыхуу, кхъыIэ, дыщывгъэт.
Зевмыхуэ зым и Iей дапщэщи,
Е вгъэпудыну фыхэмыт.
Фахуэхъу сэбэп, флъэкIыну щытмэ,
ФлъэмыкIмэ, зэран фахуэмыхъу.
ЗыгуэркIэ фи гур къауIа хъуами,
Щымыуэ щыIэкъым, зэм яхуэвгъэгъу.
ДымыщIэ зыми: дэри Iуэху мыщхьэпэ
Ди натIэм къритхау щытынкIи хъунщ.
Дыхуейщ итIанэ нэхъыжь и псалъэ,
Ныбжьэгъум къыбгъэдэкI дэIэпыкъуэгъу.
Дыхуэныкъуэнщ Iыхьлы арэзыныгъэ,
Ди щIэблэм я гукъэкIи къэтлъыхъуэнщ.
КъетхьэлIэжынкIэ хъунур хэтса жылэрщ -
Мис ар игу илъу хэти ирепсэу.

*   *   *
Уэ нэхърэ нэхъ лъэщым
ЛъэгущIэт зыхуумыщI.
«ТхьэмыщкIэщ», - хужыпIэу,
ТеIэпхъэ умыщIу,
Хуэныкъуэм хуэсакъ.
Уэ нобэ пхулъэкIмэ,
Былымыр уи куэдми,
Уэ зэи ущымыкI.
ПсапащIэм хуэфащэщ
И мылъкур бэгъуэн,
ХитыкIыр хэхъуэжу
Берычэтыр хэлъын.
ТхьэмыщкIэщ, бейуэ щытми,
Щхьэхуещэу нэпсейр,
Ит нэхърэ кIуэдыжми
ЗыфIэфI гъэнщIыгъуейр.
Мылъку къабзэр гъуэзэджэщ.
Тхьэм куэду къыдит,
Мылъку фIейм зыщыфхъумэ,
Хьэлэл ар фщымыхъу.

*   *   *
Мы дунеижьыр мэкIэрахъуэ шэрхъыу,
Мычэму дэри дыкъоджэрэзэкI.
Дыходжэразэ зэм дуней нэщхъыфIэу
ЗыщумыгъэнщIу уи гур зытхьэкъуам.
Дыщегъэхутэ зэми щIыпIэ бзаджэу
Гугъуехьи, гуауи, ябги щытлъэгъуам.
Аращ и хабзэр гъащIэм: фIыи Iеи
Къезэгъыу, дахэу щызэхэухуэнам.
А тIур тэмэму уэ зэблэбгъэкIыфмэ,
НасыпкIэ уеджэ хъуну къыщIэкIынщ.
Хэтыф, зехьэф уэ щыуагъэншэу,
Зэхэзэрыхьи абы къыщумыгъэхъу.

Поделиться:

Читать также: