Сабий дыгъэхэм ядоIэпыкъу

КъБР-м и Лъэпкъ музейм мэлыжьыхьым и 3-м къы­щызэIуахащ «Уэшхым и цIыху» фестивалыр. Выставкэр къы­зэригъэпэщащ «Индиго» сабий центрым. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ, зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэ ­ныбжьыщIэ 40-м нэблагъэм я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Абы щыщу лэжьыгъэ 30-р ейщ илъэситI ныбжьым иту сурэт щIын щIэзыдза Иуаз Амир. 

- Выставкэм си гуапэу зыкъ­резгъэхьэлIащ. Мы сурэт щIэ­щыгъуэхэр куэдым уезыгъэгупсысщ. Зэуэ гу лъы­бо­тэ: лэ­жьы­гъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа сабийхэр Iущщ, къабзэщ, гъащIэм и плъыфэхэр гъэщIэ­гъуэныщэу зыхащIэ, - жиIащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. 
- Ди сабийхэм зэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр куэду яхэтщ. Абы­хэм я зэфIэкIыр къэдгъэнэIуэ­нымрэ я бынхэм я Iэзагъэм адэ-анэхэм гу лъедгъэтэнымрэщ ­мураду диIар. Фестивалым гъэ къэс зэрызиубгъур нэры­лъагъущ.­ Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ мылъкукIэ зыкъыт­щIэ­зыгъакъуэхэмрэ ди Iуэхур зэрагъэкIуатэм папщIэ фIыщIэ яхудощI, - жеIэ выставкэр зи жэрдэм, илъэс 16 хъу сурэтыщI ныбжьыщIэ Иуаз Амир и анэ Сэхъу Ренатэ. 
Сабийхэм ядэлажьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, дохутыр-психиатр Тем­моевэ Лейлэ и псалъэм къыхигъэщащ аутизм узыфэ зиIэ цIыкIухэр гъащIэм къыхэшэным и IуэхукIэ адэ-анэхэмрэ ап­хуэ­дэхэм ядэлажьэ цIыхухэмрэ я пщэм къалэнышхуэ къы­зэ­ры­дэхуэр. Абыхэм гъуазджэр я тегъэщIапIэу сабийхэм зрагъэужь, цIыхухэм яхэтыфу ирагъасэ. 
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ гу лъитащ сурэт щIыным дихьэх ­сабийхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуам икIи фIыщIэ яхуи­щIащ абыхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдэт дэтхэнэ адэ-анэми, гъэсакIуэми. 
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс жиIащ сабийхэм я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуар зэрынэрылъагъур, я лэжьыгъэхэмкIэ куэд къызэры­зэщIаубыдар, зэрылажьэ Iэмалхэри зэрырагъэфIэкIуар. Сурэ­тыщI, нэгъуэщI гъуазджэ лIэу­жьыгъуэ дихьэххэм музейм и бжэр зэрыхузэIухар жиIащ абы. 
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа сурэт зыбжанэр я Iэдакъэ къы­щIэкIащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ ныбжьыщIэхэм. Ар ягъэ­лажьэ Къэрмокъуэхэ Эльмирэ­-рэ Мариерэ. Зэшыпхъухэр я адэ сурэтыщI Къэрмокъуэ Аслъэн и лъагъуэм ирикIуэжащ. Илъэсих мэхъу сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лъэщапIэ абыхэм къызэрызэ­Iуахрэ. Студием сабий 60-м нэблагъэ йокIуалIэ. 
Выставкэр тхьэмахуитIкIэ лэ­жьэнущ. Абы щащэхуну сурэтхэм къыпэкIуэмкIэ сабий дыгъэхэм ядоIэпыкъу. 

Сурэтыр  Къарей Элинэ  трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: