НэхъыфIхэм хабжэ

Сабий-щIалэгъуалэ творчествэмкIэ IV лъэпкъпсо фестиваль-зэпеуэм, «Ритмы Кавказа фIэщыгъэм щIэту Псыхуабэ щекIуэкIам, бжьыпэр щызыубыдахэм хабжащ Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и къэфакIуэ гупыр.
«Бгыхэм я налкъут» къэфакIуэ ансамблым хэтхэм Iэзагъ ин яхэлъу ягъэзэщIа иордан къафэм жюрим хэтхэр зэуэ хьэщыкъ ищIащ. НыбжьыщIэхэм яхуэфIыпсу ящыгъ фащэ екIухэр, я зыIыгъыкIэ уардэр, макъамэм я декIукIэр - псори узытхьэкъун хуэдэт.
Творческэ гупым лауреат зэрыхъуамкIэ щIыхь тхылъыр, гупыр зыгъэса Къэнэмэт Аслъэн и зэфIэкIым къыпэкIуэу фIыщIэ тхылъ къыхуагъэфэщащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Куба къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэр къызэрызэIуахрэ куэд щIакъым. А зэман кIэщIым къриубыдэу абы лэжьыгъэшхуэ щызэтраублащ, къыдэкIуэтей щIэблэм гъэсэныгъэ тэмэмрэ творческэ зыужьыныгъэрэ ябгъэдэлъхьэным теухуауэ. Нобэ клубым екIуалIэ цIыкIухэм папщIэ кружок зэмылIэужьыгъуэхэр мэлажьэ, дэтхэнэ зы сабийри дэзыхьэх Iуэхум куууэ хэзыгъэгъуэзэну лэжьакIуэхэр, гъэсакIуэхэр яIэщ. ЦIыкIухэр жыджэру хэтщ къуажэм, щIыналъэм, республикэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм. Псом ящхьэращи, жылэм щыпсэу сабий зэчиифIэхэм я зэфIэкIым щыхагъэхъуэн IуэхущIапIэ зэпэщ яIэщ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: