ХьэкущIэ лIыжьым и пщIыхьэпIэ

Къуажэ гуэрым зы хьэкущIэ лIыжь щыпсэурт. Зэгуэрым нэхущхэм деж къаджэ макъ зэхихащ абы. «Нэхущым къысхуей хъуар хэту пIэрэ?» - жиIэурэ дэкIащ ар куэбжэм. ТешанкIэ зыкъизыхым зы щIалэ мыцIыху къиувыкIауэ щытт.
- Къеблагъэ, щIалэ, - жиIащ лIыжьым. - Къуажэм ущыщ хуэдэкъым, сытым укъытхуихьа?
 - Уи пщэдджыжь фIыуэ, дадэ. Жыжьэ сыкъикIащ, зэмани сиIэкъым, лъэIукIэ сыкъыпхуэкIуауэ арат, - жиIащ абы. - КъызыхэкIар къызгурыIуэркъым, си анэр дунейм зэрехыжрэ, пщэфIапIэм щIэтым къищынэмыщIа, хьэкуу диIэм Iугъуэ имыкIыж хъуащ. Хэт едмыгъэплъами, зыри тхуращIэфакъым. Уи хъыбар зэхэсхати, усшэу уезгъэплъыну арат.
    ЛIыжьым щIалэр хуэгъэщIэхъуакъым. Гъуэгу здытетым нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуахэщ. Я уэршэрыр нэхъ кIащхъэ щыхъум, лIыжьыр Iурихащ. ЗдэкIуэнум нэблэгъэпауэ ар къызэщыуащ икIи пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн зэрилъэгъуар щIалэм жриIащ, ауэ иIуэтэжакъым.    
ЩIалэм я куэбжэпэм щыIухьам, лIыжьыр къэуIэбжьащ. Абы илъэгъуа пщIыхьэпIэр щIалэм и анэ Хьэлимэтт зытеухуар. ПщIыхьым хэту бзылъхугъэр здэщыта куэбжэрт ахэр иджыпсту зыIутыр.
ЛIыжьыр хьэщIэщымкIэ щIашэри, ягъэшхащ, итIанэ къыщIэкIуа Iуэхум иужь ихьащ. Хьэкухэм здеплъым, лажьэ зиIэ къыхуэгъуэтакъым, псоми мафIэ ирищIэри, Iугъуэр хъарзынэу икIащ. Ар щIалэм игъэщIэгъуащ икIи хуабжьу гуфIащ. Хьэку имыщIами, лIыжьым хъугъуэфIыгъуэ куэд къратри и унэ яшэжащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм аргуэру щIалэр къэкIуащ лIыжьым и деж.
- Къеблагъэ, си щIалэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къытебгъэза? – жиIащ лIыжьым.
- ФIым дыхуиблагъэ, дадэ, хьэку тхуумыщIу хъунукъым, Iугъуэм къигъазэу хуежьащ, - жиIащ щIалэм.
- Сэ хьэку сщIыну сыщхьэхыркъым, ауэ неблагъи гъуэгум щыслъэгъуа пщIыхьэпIэр пхуэсIуэтэжынщ. Абы иужькIэ Iугъуэм къыщIигъазэр гурыIуэгъуэ пщыхъункIэ хъунщ, - къыпидзащ лIыжьым.
Арати, щIалэр унэм щIешэри, лIыжьым пщIыхьэпIэр къиIуэтэжын щIедзэ.
- Фи куэбжэпэм Iут хуэдэт уи анэ Хьэлимэтрэ абы и шыпхъу закъуэмрэ. Хьэлимэт и плIэм IэлъэщI морэ зэпрыдзышхуэ теубгъуат, трахынкIэ шынэ хуэдэ, и пщэм деж быдэу щиIыгът, и IэмыщIэм дэп жьэражьэ илът. «Си щIалэ закъуэр щIыIэм еукI», - жиIэурэ и Iэр унэмкIэ нишийрт, ауэ пщIантIэм дыхьэн Iуэху зэрихуэртэкъым. И шыпхъум зэкIуэцIылъ тIэкIу иIыгъыу, куэбжэ сэхым зригъэщIауэ нэщхъей дыдэу щытт. Аращ, си щIалэ, пщIыхьэпIэр зэрыхъур, абдежым сыкъэушащ.
ХьэкущIэ лIыжьым и благъэт Хьэлимэт. Ар зыхэхуа унагъуэ бейм насып зэрыщимыгъуэтам щхьэкIэ игу щIэгъуми, хьэкущIэр зыкIи дэмыIэпыкъуфу къекIуэкIащ. ЗыкъызыфIэщIыжа бейхэм Хьэлимэт и лъэныкъуэкIэ зыри зыкIэлъагъэкIуакъым, езыри лъагъунлъагъу ягъэкIуэжакъым.
ЩIалэм лIыжьым фIыщIэ хуищIри, ежьэжащ. Зэрынэсыжу унэIутхэм ящыщ зы цIыхубз хэкIуэта къриджащ.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, си анэм дзыхь къыпхуищIу щытащ. Дауи, абы иIа гукъеуэхэри бощIэ. Абы и Iуэхум теухуауэ пщIэр къызжеIэ, си зэран уэзгъэкIынкъым, - жиIащ щIалэм икIи хьэкущIэм и пщIыхьэпIэр хуиIуэтэжащ.
- Бзылъхугъэ зэтетт уи анэр, икъукIэ бэшэчт, - жиIащ унэIут цIыхубзым. - Шыпхъум хуэдэу къысхущытащ ар, сыт и лъэныкъуэкIи и дзыхь къызигъэзу. Алыхьырщ, абы и ужькIэ сэр мыхъуамэ, бампIэм пасэу зэгуиудынт а тхьэмыщкIэр. Гуащэ-тхьэмадэм икъукIэ гугъу ирагъэхьащ ар. Унагъуэ хуэмыщIам къызэрыхэкIар хуагъэгъуакъым. Уи адэ-анэм хуэдэу фIыуэ зэрылъэгъуа жаIэуи яIуатэуи зэхэсхакъым, абыкIэ IупщIт а тIур куэдрэ зэрызэдэмыпсэунур. Сыт къращIэми, сыт кърапэсми, уи адэм зэи хуэтхьэусыхакъым, гукъеуэ гуэр иIэу зыкъригъэщIакъым. «УкъызыхэкIа унагъуэр зыщыгъэгъупщэ, факъырэ гупыр думыгъэлъагъу, уэри лъагъунлъагъу жыпIэу укIуэжыну уигу къыумыгъэкIыххэ», - къыжраIэрт. Уэ укъалъхури куэд дэмыкIыу, Хьэлимэт и анэр дунейм ехыжат. Абы щыгъуэм лIыжь-фызыжьым ямыдэ щхьэкIэ къимыгъанэу, уи адэм Хьэлимэт ишэжри, и анэм Iуигъэплъэжауэ щытащ. И адэр дунейм щехыжам ягъэкIуэжакъым. «Уи дыщ укIуэжмэ, уи гупэ мыбыкIэ къыумыгъазэ, щIалэри уэдгъэлъагъунукъым, - къыщыжраIэм япэувыфакъым. Абы щыгъуэм уи адэр псэужтэкъым. Илъэсищ ухъуауэ арат ар зекIуэ кIуэуэ къыщимыгъэзэжам. ПцIыр хьэрэмщ, сыт хуэдизу бзаджэу щымытами, лIыжь-фызыжьым уэ фIыуэ укъалъэгъуащ, ауэ уи анэм уи гур хуэщIыIэу укъагъэхъуащ. И псэм апхуэдизу бэлыхь телъу щIэпсэуар уэращ. Уи зы псалъэ гуапэ щIэхъуэпсу и гъащIэр ирихьэкIащ. Зэгуэрым зекIуэ ущыIауэ, IэлъэщI морэ зэпрыдзышхуэ къыхуэпхьат. А IэлъэщIым пищIын щымыIэу псэуащ. Зы шыпхъу дунейм щиIэжти, и хъыбар къищIэну хущIэкъуакъым, лIыжь-фызыжьым ящышынэрти. ЗэрызэхэсхамкIэ, уи анэ шыпхъур псэущ, сымаджэу хэлъщ. Езым бын иIакъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Ар зэпшэлIэжрэ зыхуей хуэбгъэзамэ, хэт ищIэрэ, уи анэ тхьэмыщкIэм и псэр нэхъ зэгъэнт. Апхуэдэ гукъеуэ зэриIарагъэнщ пщIыхьэпIэм къикIыр.
ЩIалэм зимыIэжьэу ежьэри, и анэ шыпхъур къигъуэтащ. Ар и деж къишэри, и анэр зыщIэлъа пэшым щIигъэтIысхьащ.
Бжьыхьэ кIасэт, пэшыр щIыIэти, хьэкум мафIэ иращIэну унафэ ищIащ, «хэт ищIэрэ Iугъуэ икIым деплъынщ», - жиIэри. Пхъэ гъур къахьри мафIэ ящIащ, ахэр пIэнкIыу исырт, Iугъуэри уэнжакъым иришырт.
- Тобэ ярэби, мыр сыту гъэщIэгъуэн, - жиIэри щIалэр етIысэхащ.
 Абдеж ар куэдым егупсысащ икIи къыгурыIуэжащ и анэм зэрекъуэншэкIар. АрщхьэкIэ зэманым къыпхуегъэгъэзэжынутэкъым. Иджы анэ палъэу къыхуэна анэ шыпхъум хуэфащэ гулъытэ хуищIырт, къэзылъхуам и гуэныхьу къытенар зэрипшыныжыным хущIэкъуу.
Апхуэдэу хьэкущIэ лIыжьым и пщIыхьэпIэм и фIыгъэкIэ щIалэм, гувами, зыхищIащ анэм и лъапIагъыр зыхуэдэр.

Мэремыкъуэ Марие.
Поделиться:

Читать также: