Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

 Хьэулейуэ къэна псэущхьэхэм я зэран цIыхухэм я гъащIэм е я узыншагъэм екIыныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм къызэрыщамыгъэхъуну щIыкIэм и IуэхукIэ

2023 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м Налшык къалэ №57-ПП
«Псэущхьэхэм жэуаплыныгъэ хэлъу ябгъэдыхьэным икIи Урысей Федерацэм и хабзэгъэув акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыдэкIа Федерацэ законым и 7-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм и 21-нэ пунктым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
 Хьэулейуэ къэна псэущхьэхэм я зэран цIыхухэмрэ я гъащIэм е я узыншагъэм екIыныр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм къызэрыщамыгъэхъуну щIыкIэр къэщтэн.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

 

Поделиться: