Дзыгъуэ мыдыгъуэ плъэгъуа?

Таурыхъ

Еуэщ аби зы дзыгъуэ цIыкIурэ джэдуужьрэ зэгъунэгъуу псэурт.
Махуэ гуэрым дзыгъуэ цIыкIум и пэр гъуэм къригъэжри жиIащ:
- Дегъауи, зэш дыгъэхъу!
- Уей, уэ къуэш къыпхэмыкIыну, - жи джэдуужьыр щIогуфIыкIри.
- Ар сыт щхьэкIэ? 
 Джэдум жиIащ шынэкъэрабгъэ, дыгъуэгъуакIуэ, зэранщIакIуэ къуэш зэримыщIынур.
- Узахуэщ, пэжу, сышынэкъэрабгъэщ, ауэ сыдыгъуэрабзкъым, икIи сызэранщIакIуэкъым.
 Джэдур и пащIэкIэ щIогуфIыкIри:
- Уэрмырауэ пIэрэ къэпхэр гъуанэ зыщIурэ хьэжыгъэмрэ гъавэмрэ зыдыгъур?
- Уэ сыт, зыри умышхыу жьыкIэ упсэууэ зэрыхъурэ куэд щIауэ пIэрэ? - къилъащ дзыгъуэри.
- Хьэуэ, сошхэ. Ауэ сэ цIыхухэм солъэIу, соджэ, сызэрымэжалIэр къезгъащIэуи, итIанэ езым яшхым хуэдэ къызат. Уэ умыупщIэжу уи нэ зытеплъэр болъэф.
Апхуэдэу зыкъомрэ зэныкъуэкъуа иужь, джэдур арэзы хъуащ.
- Ерэхъу, дызэныбжьэгъущ. Ауэ, зыгуэркIэ сыкъэбгъапцIэмэ, къызжиIакъым жумыIэж, сыномыплъу усшхынщи, сежьэжынщ.
Дзыгъуэ цIыкIур гуфIэри, зэгурыIуащ. Зэгуэрым дзыгъуэм жеIэ:
- Си къуэшыжь, бжьыхьэр къэсащ, дунейри уэфIщ, шхынри гъунэжщ. ЩIымахуэр къэмыс щIыкIэ, гъуэмылэ дыгъэгъэтIылъ, дыщыгуфIыкIыжынщ. 
 - ДыгъэгъэтIылъ, - арэзы хъуащ джэдури.
 - ПщIэрэ, сэ сыдыгъуэмэ, цIыхухэм саIэщIэукIэнущ. Уэ унащхьэ чэзууэ къэпкIухьам нэхъыфIт. Тхъу щIахуу плъагъумэ, я лъабжьэм щIэувэурэ защыхъуэ, моуэ зыбгъэтхьэмыщкIафэу джэи, зы кIанэ къуатынщ. Апхуэдэурэ гъуэмылэ зэхуэтхьэсынт…
Джэдур абыкIэ арэзы хъуащ. Тхъу куэду зэхуихьэсащ. Кхъуэщын телъыджэ къагъуэтри, абы тхъур иралъхьэри хадэм ит жыг нэхъ ин дыдэм яхьри и лъабжьэм деж щыщIатIащ. ЩIымахуэр къэблагъэрти, дзыгъуэ цIыкIум хуэмышэчыжу джэдур къигъэпцIэну мурад ищIащ.
- Нобэ си адэ къуэшым и къуэм цIэ фIащри, сыкIуэну къызэлъэIуащ, сыбутIыпщмэ, сахыхьэнут, - жи.
- КIуэ, ауэ зумыгъэгувэу къэкIуэж, - хуит ищIащ ар джэдум.
 Дзыгъуэр унэм къыщIэкIщ, я гъэтIылъыгъэр здыщIатIамкIэ иунэтIри, тIэпIыжу тхъум хэшхыхьщ, щIы тритхъуэжри, къэкIуэжащ.
- Хэт тIэ фIащар? - йоупщI абы джэдур.
 - ТIэкIунитIэ фIащащ, - жи мыдрейм.
- НасыпыфIэ ухъу, цIэ дахэ фIащащ. Ауэ сыт абы къикIыр?
- Си къуэш джэду, сэ езыми сщIэркъым абы къикIыр. Ауэ, си адэ къуэшхэм я бынитIым мыгувэу цIэ фIащын хуейщи, абы щыгъуэ цIэ псоми къарыкIыр бжесIэнщ, - жи дзыгъуэ хьилэшым.
Махуэ зыбжанэ дэкIащ. Дзыгъуэм и гур тепыIэртэкъым, и нэр зэтрихми зэтрипIэми а зымахуэ ишха тхъу IэфIыпсыр и нэгу щIэтт. 
- Джэдуужьу си къуэш, ноби си адэ къуэшым я деж срагъэблэгъащ, сымыкIуэмэ я жагъуэ хъунущ,сыутIыпщ.
Джэдум сыт ищIэнт, арэзы хъуащ. Дзыгъуэ цIыкIум зигъэпщкIущ, жыг щIагъымкIэ пIащIэу жэри, тхъу кхъуэщыным и ныкъуэм нэсыху ишхащ, къэнар щIитIэжри къигъэзэжащ.
- Сыт фIащар? - щIоупщIэ аргуэру джэдур.
- Ныкъуэ, - жеIэ дзыгъуэм.
- Сыту цIэ гъэщIэгъуэн фIащрэ мы уи благъэхэм, - егъэщIагъуэ джэдум.
Аргуэру махуэ зыбжанэ дэкIащ. Дзыгъуэ цIыкIум  мыгувэу уэс къызэресынур къыщыгурыIуэм, и кхъуэщын цIыкIур здыщIэтIар къыхуэмыгъуэтыжынкIэ шынэри, аргуэру джэдум елъэIуащ.
- Мы зэм сыутIыпщыж. Благъэхэм я жагъуэ пщIы зэрымыхъунур уэ пщIэркъэ?
- КIуэ, ауэ зумыгъэгувэ кхъа, си закъуэщи зэшыгъуэ дыдэщ.
Дзыгъуэ цIыкIур жыг щIагъым жэщ, кхъуэщыныр къыщIитIыкIыжри, къанэ щымыIэу тхъур ишхыжащ. Кхъуэщын нэщIри щIитIэжри, къигъэзэжащ. Къызэрысыжу, джэдум зэрихабзэу, фIащамкIэ къеупщIащ.
- И лъащIэм нэс, - жиIащ дзыгъуэм. ЕгъэщIагъуэ аргуэру джэдум икIи щIогуфIыкI.
- Сыт ущIэгуфIэр? - щIоупщIэ дзыгъуэр.
 - ПщIэрэ, мы цIэхэм псоми мыхьэнэ гуэр зэраIэр къызгуроIуэ, ауэ я мыхьэнэр къысхуэщIэркъым.
- КъэпщIэнщ кхъуэщыным уиплъэмэ, жиIащ дзыгъуэм зыхуэмышыIэу.
 - Сыт мы къэбвхэр, къэкIиящ джэдур. - Кхъуэщыныр къыщыпытыр дэнэ деж? Абдеж абы игу къэкIыжащ тхъу гъэтIылъа зэриIэр. - Сыту фIыуэ сигу къэбгъэкIыжат ар. Уэрэ сэрэ тхъу кхъуэщынышхуэ дгъэувати. НакIуэт, дегъэплъыт.
Нобэ гъуэгу сытетащи, сешащ, пщэдей дыкIуэнщ, сытым дыкъыкIэрыхурэ, жи дзыгъуэм. 
Джэдур арэзы хъури, жеижыну гъуэлъыжащ. Пщэдджыжьым джэдум жеIэ:
- ИIэ, дзыгъуэ цIыкIу, къэтэджи дыгъаплъэт ди кхъуэщыным деж. Дзыгъуэм иджыри зыгуэрхэр къигупсысыну яужь итащ, ауэ джэдур ерыщым хуекIуэри идакъым. МакIуэ, къыщIатIыкIмэ, кхъуэщыныр нэщIщ.
- Ар зэрыбзаджэм еплъыт ди тхъур ишхыжауэ, - губжьащ джэдур. АрщхьэкIэ дзыгъуэм зытригъэхьакъым ар, езы джэдум ишхыжауэ жиIэри. Зэныкъуэкъун щIадзащ.
- Дауэ сэ апхуэдиз тхъу зэрысхуэшхынур? - жи джэдум.
- ЯпэщIыкIэ тIэкIунитIэ, итIанэ ныкъуэ, итIанэ и лъащIэм нэс, - жи дзыгъуэм.
Абдеж джэдум псори къыгурыIуащ.
- Зэт, догуэт. Уи адэ къуэшхэм я деж ущыкIуэм зэбгъэщIауэ арагъэнщ а шхэкIэ гъуэзэджэр. Уэ тхъур зэрыпшхыжам хуэдэу, сэри уэ усшхынщ. 
- Уарэ, дауэ сыпшхыу, дэ дызэныбжьэгъути. Ныбжьэгъухэр яшхыркъым, - мэлъаIуэ дзыгъуэ цIыкIур.
- Узахуэщ. Ныбжьэгъухэр яшхкъым. Ауэ, пщIэжрэ уэрэ сэрэ дызэгурыIуати, сыкъэбгъапцIэмэ е удыгъуэмэ усшхыну. Уэ уи псалъэр пхуэмыгъэпэжами, сысейр схуогъэпэж, - жиIэри джэдум дзыгъуэ пшэрыр иригъэлъэтэхащ.
 

Тхыгъэр Интернетым къитхащ.
Сурэтыр Диул Маринэ ейщ.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: