НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 10блыщхьэ
Фашизмэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ
Зэдэлъхузэшыпхъухэм я дунейпсо махуэщ
1945 гъэм
Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.
1964 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ», «КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1897 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ бзэщIэныгъэ еджагъэшхуэ Iэщхьэмахуэ Даут.
1942 гъэм къалъхуащ СССР-м щIыхь зиIэ и энергетик, Урысейм и ЕЭС-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м  щIыхь зиIэ и энергетик Хьэмыкъуэ Ахьмэд.
1956 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Дау Марьянэ.
1958 гъэм къалъхуащ радиожурналист Гъурф Бэллэ.
1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Лу Рэмэзан.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр  градус 16 - 17, жэщым   градуси 9 - 10 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщIи ущымытхъу.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ