УФСБ-м къет

Iэщэ игъэкIыным пыщIар яубыд
 Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ  МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм къызэпаудащ нэхъапэми суд зытращIыхьауэ щыта, илъэс 37-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэур Iэщэрэ абы и пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэкIэ игъэкIыным зэрыпыщIар.
Абы и уней лъапсэр къыщащым къагъуэтри къытрахащ кIэрахъуитIрэ абы и пIэтIрон 16-рэ, апхуэдэуи гранатэ.
Уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Апхуэдэу хабзэм ебэкъуар илъэси 8-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.
Коммерческэ IуэхущIапIэм и сэбэп пылъу
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм экономикэ щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтынымкIэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ коммерческэ IуэхущIапIэхэм языхэзым и сэбэп хэлъу щIыуэпс газ зэрадыгъуар.
Уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 158-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм и «б» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ ягъэкъуаншэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ хабзэм ебэкъуар илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.

Поделиться: