ГурыщIэм и бзэ

КъызэралъытэмкIэ, япэ усэ-гимнхэр ди эрэм ипэкIэ XXIII лIэщIыгъуэм зэхалъхьауэ щытащ. Ахэр и IэдакъэщIэкIт Аккад къэралыгъуэм и пащтыхь Саргон ипхъу Эн-хеду-ана. Пщащэм и усэхэр триухуат мифологием къыхэщыж лIыхъужьхэм.
Абы лъандэрэ усыгъэм зиужьащ. Гум щыщIэр усэ жыпхъэм тету къэпIуэтэныр тыншкъым, апхуэдэу щытми, щIалэгъуэ лъэхъэнэм зи гурыщIэ къабзэхэр усэкIэ къэзыгъэлъэгъуэну хэмыта куэд щыIэкъым. Пэжщ, Iуэхум зезыпщыта псоми усакIуэ цIэрыIуэ къахэкIакъым. Урыс литературэр къапщтэмэ, абы хэтщ дунейпсо усыгъэм зи увыпIэ щызыубыда, зи IэдакъэщIэкIхэр хамэ къэралыбзэкIэ зэрадзэкI усакIуэхэр. Апхуэдэхэщ Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Некрасов Николай, Тютчев Федор, Бальмонт Константин, Есенин Сергей, Блок Александр, Ахматовэ Аннэ, Цветаевэ Маринэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я IэдакъэщIэкIхэр куууэ гъащIэм ухэзыгъаплъэ, упщIэ куэдым я жэуап къыщыбгъуэт усэхэщ. Аращ ахэр щIэх-щIэхыурэ щIэдджыкIыжу къыщIекIуэкIыр.
Адыгэ лъэпкъми диIэщ зи усэхэр дунейпсо утыку ипхьэ хъуну усакIуэхэр. Ахэрщ лъэпкъ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэбыдэр. «Къэбэрдей усыгъэм ныбжьышхуэ иIэкъым – илъэсищэм зыкъомкIэ щIигъу гъуэгуанэщ къикIуар, ауэ, апхуэдэу щытми, зэман кIэщIым къриубыдэу абы ехъулIэныгъэ телъыджэхэр зыIэригъэхьащ. А илъэсхэм абы зэригъэпэщащ усыгъэм и пкъыгъуэ псори - лирикэр, поэмэр, повестыр, усэкIэ тха романыр, щызэфIэуващ усэ гъэпсыкIэщIэ силлабо-тоникэр, абы и фIыгъэкIи къигъэсэбэпу хуежьащ жыпхъэ зэхуэмыдэхэр, строфа зэмылIэужьыгъуэхэр, кIэух рифмэр, усэ хужь, хуит, щхьэхуиткIэ зэджэхэр, абы зыужьыныгъэ псынщIэу щагъуэтащ пасэм зыщымыгъуазэу щыта сонетым, балладэм. Лъэпкъ усыгъэм зэрызиужьар зи фIыщIэр, зыщылъагъупхъэр абы и лъабжьэр зыгъэтIылъахэрщ, зи гугъуехьрэ зи псэрэ емыблэжу абы хуэлэжьа усакIуэ акъылыфIэхэрщ», - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Андрей. 
Адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, Агънокъуэ Лашэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Елбэрд Хьэсэн, Къэжэр Индрис, Къылышбий Исмэхьил, ЩоджэнцIыкIу Алий, Гъубж Мухьэдин, КIыщокъуэ Алим, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, КIуащ БетIал, Нало Заур, Мысачэ Пётр сымэ, нэгъуэщIхэри. Адыгэ усыгъэм и курыхщ Къагъырмэс Борис, Гъубжокъуэ Лиуан, Бещтокъуэ Хьэбас, Тхьэгъэзит Зубер, IутIыж Борис, Бицу Анатолэ, Уэрэзей Афлик, Мыкъуэжь Анатолэ, Ацкъан Руслан сымэ я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм я лъэужьыр зыхун щIалэгъуалэ лъэпкъ литературэм къыхохьэ, нэхъыжьхэм я щапхъэр я гъуазэу усыгъэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуэну дащогугъ абыхэми.
 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: