Узыфэм зыщыпхъумэфынущ

Узыфэ зэрыцIалэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр цIыхухэм къабзагъэм и хабзэхэр тэмэму зэрамыгъэзащIэрщ. Апхуэдэ узыфэхэр къезыхьэкIхэм ящыщщ ротавирусымрэ норовирусымрэ.

Ротавирусыр зэран яхуохъу лъатэмрэ кIэтIий псыгъуэмрэ. А узыфэ зэрыцIалэр къызыпкърыхьам и лъатэм шхыныр тэмэму хуэмыгъэткIу мэхъури, ныбажэ ещI икIи Iэпкълъэпкъыр зэпкърех. Ротавирусым къыхэкI узыфэм нэхъыбэу игъэсымаджэр мази 6-м къыщыщIэдзауэ илъэсым нэблагъэ ныбжьым итхэрщ. Ар сабий узыфэу ябж, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ балигъым и Iэпкълъэпкъыр а вирусым полъэщыф. ЗыгуэркIэ цIыху балигъым а узыфэр къыпкърыхьамэ, и кIэтIийр мащIэу къеуз мыхъумэ, абы игъэсымаджэу къимыщIэнри хэлъщ. Апхуэдэу унагъуэм е лэжьапIэм щыщ гуэр сымаджэ хъуамэ, махуи 3 - 5-м къриубыдэу абы адрейхэри ицIэлэнущ.

Узыфэм щеIэзэкIэ псом япэу къагъэсэбэпыр Iэпкълъэпкъым илъын хуей шыгъур иризыгъэкъуж хущхъуэхэрщ, апхуэдэу фIэкIуэда псыр къезытыж ерыскъыхэкIхэр ишхыну чэнджэщ ират. А зэманым къриубыдэу сымаджэр ерыскъы хэхакIэ шхэн хуейщ: псыкIэ щIа кашэ, мыIэрысэм къыхэщIыкIа компот. И узыншагъэр зэфIэувэжыхукIэ абы ишх хъунукъым шэхэкIхэр.

Ротавирусым узэрыпэщIэтын хущхъуэ щхьэхуэ щыIэкъым, ауэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм псоми чэнджэщ ярет абы папщIэ щыIэ вакцинэ лIэужьыгъуитIым языр зрахьэлIэну. Абы къищынэмыщIауэ, Iэмал имыIэу къабзагъэм и хабзэхэм тетыпхъэщ. ЩIэх-щIэхыурэ Iэхэр тхьэщIын хуейщ, псы къэгъэкъуэлъа фIэкIа уефэ хъунукъым.

Норовирусым къишэ узыфэ зэрыцIалэр зыпкърытым и къэжьын къокIуэ, ныбажэ мэхъу, и температурэр докIуей, и Iэпкълъэпкъыр щIолIэ, фагъуэу щытщ. Махуэ зыбжанэм къриубыдэу сымаджэм и узыншагъэм зыкъегъазэ, ауэ абы иужькIи мазэм нэблагъэкIэ абы нэгъуэщIхэр ицIэлэфынущ.

Норовирусым псынщIэу зеубгъу. Ар зылъэIэса нэхъ мащIэ дыдэми узыфэр къыхэкIынущ. Мы вирусыр «псэ быдэщ» жыхуаIэхэм хуэдэщ. Унэр щызэлъыIуахкIэ къагъэсэбэп къызэрыгуэкI зэрытхьэщIэхэмкIэ ар пхуэгъэкIуэдыркъым, хуабэми щIыIэми къол, узэрыпэлъэщынур уз зэрыцIалэхэр къэзыгъэхъей пкъыгъуэхэр зыукI хлор зыхэлъ Iэмэпсымэхэрщ.

Мы узыфэ зэрыцIалэр сыт хуэдэ ныбжьым итми яхуэлъэщ. Ауэ нэхъ псынщIэу ар зэуэлIар зи узыншагъэр нэхъ къэтIэсхъахэрщ, жьы хъуахэрщ, сабийхэрщ. Абы зыщыпхъумэфынущ, щIэх-щIэхыурэ уи Iэр птхьэщIмэ. Апхуэдэуи пхъэщхьэмыщхьэхэм псы пщтыр ядэвгъэжэх, мыдрей шхыныгъуэхэр фIыуэ вгъавэ е вгъажьэ.

 

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: