ХуэдгъэфащэкIэ зэфIэкIыркъым

Топонимикэр щIым и бзэщ. Езы щIыр тхылъщ, и зэхэлъыкIэр къэзыгъэлъагъуэ фIэщыгъэхэмкIэ цIыхухэм, къэралыгъуэхэм я тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр къагъэнаIуэу (Надеждин Никола́й -  1804 - 1856 гъэхэм псэуа урыс щIэныгъэлI этнограф, гупсысакIуэ, журналист).

Ди гуапэ зэрыхъущи, щIыпIэцIэхэр нэхъ къыщызэтена щIыналъэщ КъухьэпIэ Кавказыр. Абы гу лъызытахэм ящыщт 20-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа бгылъэ щIыпIэхэр илъэс бжыгъэм къриубыдэу зэщIэзыгъэхьа Ефремов Юрий.

Сытым къыхахрэт, атIэ, нэхъапэм дунейм тета ди адэжьхэм зыбгъэдэса псым е бгым цIэ гуэркIэ еджэу къаублэныр? Лъахэхутэхэм я нэхъыбапIэм къызэралъытэмкIэ, пасэм псэуа цIыхухэм, къэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм гу зылъытапхъэу щаIэщIэлъагъуэ бгым, Iуащхьэм, мэзым, псыежэхым псалъэ хэгъэунэхукIа гуэр хужаIэн ипэ, нэхъ зытрагъащIэу щытар абыхэм зыкъызэрагъэлъагъуэ нэщэнэхэу нэм къыIуидзэрт е тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэу зи гугъу ящI Iэхэлъахэм епхахэрт.

АрщхьэкIэ, зэман куэд зэрыдэкIам къыхэкIыу, щIыпIэцIэхэм къарыкIыр бзэхэм я иджырей щытыкIэм и закъуэкIэ зэхэбгъэкIыныр языныкъуэхэм деж къызэрымыкIуэу гугъущ. Ауэ, итIани, зэрыжаIэу, лъыхъуэм къыщигъуэти щыIэщ...

                                                   Фыщт

Тхьэмадэ уардэу Фыщт Iуащхьэжьыр, зэрытщIэщи, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэ лъагапIэщ, Щхьэгуащэ псышхуэм и къыщIэдзапIэщ, Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ и нэзым Iутщ, метр 2868-рэ и лъагагъщ.

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъагыкI бгыхэм я нэхъ уардэ Фыщт Iуащхьэжьым и джабэ нэкIухэм лъэсу укIэрыхьэныр мытынш дыдэми, узыхущIемыгъуэжын Iуэхугъуэщ. Дапхуэдэу мыхъуами, ихъуреягъкIэ къыщылъ Iэгъуэблагъэм ущхьэщыплъыкIыу узыдэкIуея лъагапIэ-дэкIуеипIэхэм уи нэгу къыщыщIэувэ теплъэгъуэхэр апхуэдизу удэзыхьэхщ, узыщIэзышэщи, узыIущIэ псори зыхуэдэ щымыIэу къыпщызыгъэхъущ.

         Этимологием (псалъэпкъхэм я лъабжьэхэр къэзылъыхъуэ щIэныгъэм) зыдезыгъэхьэххэм куэду яхэтщ зэман блэкIахэм къахэтэджыкIа щIыпIэцIэхэр, гурыIуэгъуафIэ тщащI я гугъэжу, нобэрей бзэхэм я IукIэм хуэзыгъакIуэхэр. Абыхэм къалъытэну я щхьэ тралъхьэркъым бзэм и пкъыгъуэу фIэщыгъэцIэм ехьэлIахэр блэкIа лIэщIыгъуэхэм «я кIыщым зэрыщыщIаIущIыкIар».

ЖытIам и зы щапхъэу къэтхьынщ КъухьэпIэ Кавказым и бгы нэхъ удэзыхьэххэм хабжэ Фыщт Iуащхьэжьым и цIэр зэхэщIыкIыгъуэу жызыIэхэм Интернетым куэду дазэрыщрихьэлIэр. Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы бгъэдыхьэкIэм хуэдэхэр Iуэхум и пэжыпIэр зэхэгъэкIыным зэрыхуэмылажьэм дэри шэч къытетхьэркъым.

Сыту жытIэмэ, «Фыщт» щIыпIэцIэр зэман жыжьэ дыдэхэм къыщежьащ икIи мыбдежым дэ дызыщыхуэзэр «зыпхыплъыгъуей» дыдэ хъуа псалъэпкъ зэхэгъэувэкIэщ. Ар къызыхэкIауэ къэлъытэн хуейри, дэ дызэрегупсысымкIэ, мы щIыналъэм щыIуу щыта бзэхэм лъэхъэнэ кIыхьым къриубыдэу ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ ящыщ языныкъуэхэр зэрыщымыIэжымрэщ (псалъэм папщIэ, убыхыбзэмрэ садзхэм я бзэмрэ). Аращ Фыщт бгым и цIэм хуэдэхэм адыгэ-абазэ-убыхыбзэхэм я тхыдэм куууэ дыщIыхашэри.

Убыххэр къэтщтэнщи, гу лъытапхъэщ икIи гъэщIэгъуэныщэщ, ахэр Тыркум къыщыхута иужькIи, абы щалъагъу мэзыншэ бгы джафэхэм щхьэкIэ «фыщт» жаIэу зэрыщытари. «Я Хэкужьым щхьэщылъагыкI Фыщт Iуащхьэжьыр абыхэм, дэнэ щIыпIэ щымыIами, хуиту ялъагъу лъагапIэт», - щыжиIэгъащ и тхыгъэхэм ящыщ зым нэмыцэ лингвист, этнограф цIэрыIуэ, кавказыбзэхэр (убыххэм ейри абыхэм яхэту) джыным илъэс куэдкIэ яужь ита Дирр Адольф.

Мэрэтыкъуэ Къасым и «Адыгейский топонимический словарь» тхылъым къызэрыщихьамкIи, щIыпIэцIэхэр джыным куэд щIауэ дихьэх Твёрдый Александр зэритхымкIи, Лагъуэнакъэ (Лагонаки) бгыщхьэ тафэм егъэщIылIа къуршхэм уардэу къахэхужьыкI Фыщт Iуащхьэжьым и цIэр пычыгъуитIущ зэрызэхэтыр: япэр - («фы») - («фыжь», «хужь»); етIуанэр - («щт») - («щтын», «щта», «зэщIэдиихьа») Iыхьэхэущ, зэщIэгъэуIуауэ къарыкIри «бгы хужь зэщIэщтыхьа» мыхьэнэращ.

АрщхьэкIэ, ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи, апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм арэзы къимыщIхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщ языныкъуэхэр мыпхуэдэу йогупсыс: «"Фыщт" фIэщыгъэм и япэ пычыгъуэм “фыжь-хужь” къидгъэкIыфынуми, кIэух “т” - р еиныгъэ къигъэлъагъуэу къэтлъытэми, а тIум я зэхуаку къыдэува “ш” – “щ” макъым къикIыр зэрымыгурыIуэгъуэу къонэ», - жаIэу.

Иужьрей макъым теухуауэ еплъыкIитI щыIэщ. Япэр «щ»-р «щта», «зэщIэщтыхьа» мыхьэнэм хуэгъэкIуэнырщ, етIуанэр «щ»-р щабэуи хуабжьуи къепщэ жьым и макъым егъэщхьынырщ.

«Фыщт» фIэщыгъэр абазэбзэм къыхэкIауэ, «аф» пычыгъуэм «Щыблэм и тхьэ», «щта»-м «Абы и унэ», «Абы и щIыпIэ» мыхьэнэхэр къарыкIыу, зэхэплъхьэжмэ, «щыблэ уапIэ» мыхьэнэм хуэкIуэжу жызыIэхэри щыIэщ.

ИтIани, хуэгъэфэща бгъэдыхьэкIэ этимологием и «щIасэкъым». Аращи, Iуэху еплъыкIэу къэдгъэлъэгъуахэм «Фыщт» фIэщыгъэм къикIыр нэгъэсауэ къыдгурагъэIуэфу къэтлъытэныр тIэкIу пасэIуэу къыщIэкIынущ.                                      

Зэгъунэгъу Iуащхьэхэм ящыщу Фыщт, Уэщтенэ, Цубэр (Вы-бэ псалъэхэу зэхэтщ) зи фIэщыгъэхэр Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм и нэхъ лъагапIэщ. Абыхэм ящыщу иджыри зым и гугъу тщIынщ.

 Уэщтенэ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Адыгэ Республикэм и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лагъуэнакъэ бгыщхьэ тафэм щхьэщыIэтыкIа Iуащхьэхэм ящыщ зыщ, метр 2804-рэ и лъагагъщ.

IыхьитIу зэхэт фIэщыгъэр зэрызэхэухуэна щIыкIэм теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Къэдгъэлъагъуэмэ, лъахэхутэхэм ящыщ языныкъуэхэм ар къазэрыгурыIуэр «Зэпымыууэ уэс зытелъ Iуащхьэ» е «ЩIымахуэр щимыкI щIыпIэ» жыхуиIэущ. Мыдрейхэм абы и цIэм кърагъэкIыр «Уэщыр (джыдэр) щытенэ Iуащхьэ» мыхьэнэр иIэущ, фIэзыщауэ я гугъэри КъухьэпIэ Кавказым и бгыщхьэ лъэныкъуэхэмкIэ щыпсэуа абэзэхэхэрщ (адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ), кIэрыхьэхэм, бгыр зэрызадэр зэран къахуэхъуу, джыдэр ящыIэпыхуу зэрыщытам къыхэкIыу.

Къыхэгъэщыпхъэщ, щIыпIэцIэм и тхыкIэм «Iэщтын» теплъэ ириту, «псыхъуэудз» къэкIыгъэм кIахэ адыгэхэр зэреджэ а псалъэм къытехъукIауэ зыгъэIухэри, «Iуащхьэ-дон» къэпсэлъыкIэу и фIэщыгъэр адыгэ-осетин зэхэухуэнэкIэм («Iуащхьэ», «псы») хуэзышэну хущIэкъухэри зэрыщыIэр.      

Уэщтенэ бгым и лъабжьэхэм къыщожьэ КъухьэпIэ Кавказым нэхъ щыцIэрыIуэ псышхуэхэм ящыщу Щхьэгуащэ, Пщыхьэ, ЦIыцIэ зи фIэщыгъэхэм я къуэпс нэхъ инхэри.

             

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: