Парламент зэдэлэжьэныгъэм хыхьэу

УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур хэтащ СНГ-м щыщ къэралхэм я парламентхэр зыхэт ассамблеем (МПА) политикэ Iуэ­ху­хэмрэ дунейпсо зэдэ­лэ­жьэныгъэмкIэ зэпымыууэ щыIэ и комиссэм и зэIущIэм.

Зэхуэсыр къызэрагъэпэщат     СНГ-м и МПА-м и гъатхэ лэ­жьэгъуэм ирагъэкIуэкI Iуэху­хэм хыхьэу. Зэрыхабзэу, ар Санкт-Петербург къалэм мэ­лыжьыхьым и 13 - 14-хэм техуэу йокIуэкI.
Депутатхэр едэIуащ США-м нэгъуэщI щIыпIэхэм, Украинэри абыхэм яхэту, щригъэкIуэкI дзэ-биологие лэ­жьы­гъэхэр къызэрапщытам кърикIуахэм.  
Комиссэм къызэрызэщIикъуэжамкIэ, США-р щIэгъэкъуэн яхуохъу цIыхумрэ псэущхьэмрэ я узыншагъэм зэ­ран хуэхъу «Iэщэхэр» къы­щIагъэкIыным, апхуэдэхэр къа­гъэсэбэпыным.
ЗэIущIэм арэзы щызэдэ­хъуащ «биологие Iэщэхэм» ехьэлIауэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным нэхъри зэрегугъупхъэмкIэ.
Апхуэдэуи зэIущIэм щы­тепсэлъыхьащ терроризмэм­рэ экстремизмэмрэ пэщIэты­ным теухуауэ СНГ-м и Парламентхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм.

 

Поделиться: