Бгыхэри жьы мэхъу

Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэщ климат зэгъ, щIыпIэм и лъагагъыр ямылейкъым. Удэзыхьэх, гукъинэ пщыхъу теплъэ гъуэзэджэхэр иIэщ. 
Чегет бгым удэзыш кIапсэ гъуэгур совет лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ апхуэдизу зэпэщу зэтрагъэпсыхьащи, Сонэм (Сватением) уризэпрыкIыу абдежым щиIа лъагъуэм нэс удишырт, мы зэманым ар къамыгъэсэбэпыжми. 
Iуащхьэмахуэрэ абы и Iэхэлъахэмрэ мылъылъэ парк къыщызэгъэпэщын зэрыхуейри куэд щIащ. Мыл джей гущIыIум гъуэгуншэу къыщызыкIухь транспорт къыщыбгъэсэбэп хъунущ, зыплъыхьыпIэ щIыпIэ хэIэтыкIахэр, шхапIэщIэхэр къыщызэIупхынуи гугъуехьышхуэ пылъкъым. 
МафIэбг ужьыхыжам и джабэ нэкIухэм бгы лыжэ спортым, альпинизмэм зыщебгъэужьыну уасэ иIэкъым, узыншагъэр егъэфIэкIуэным е щIэныгъэм хэгъэхъуэным хуэгъэза зекIуэ-зэIущIэхэри къыщызэбгъэпэщынымкIэ хуэдэ уигъэлъыхъуэнщ. 
Бгы лыжэ спортым зыщебгъэужьынымкIэ псом нэхърэ нэхъыфIу къалъытэр Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ (ищхъэрэ) лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэ нэкIухэрщ. Дельтапланеризмэми мы щIыпIэм хуэфащэ увыпIэ щиубыдыпхъэщ. 
КIапсэ гъуэгущIэхэм зэпащIэфынущ, Iуащхьэмахуэ и дыгъэмыхъуэ лъэныкъуэмкIэ пекIуэкIыу, Балъкърэ Псыжьрэ я псыщхьэхэр. 
КъызэрабжамкIэ, иужьрей илъэс 80-м къриубыдэу Кавказым и мыл джейхэм яубыд щIыналъэм километр зэбгъузэнатIэ 600 хэщIащ. Апхуэдэу екIуэкIмэ, илъэс 300 хуэдизкIэ къуршхэм я мыл пыIэхэр, щыщ къахэмынэу, яфIэкIуэдыныр зыхуэIуа щыIэкъым. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутауэ, Кавказым и мыл джейхэм иужьрей илъэси 100-м къриубыдэу сабэу щетIысэхар хуэдэ 20-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Ещхьыркъабзэу а щIыпIэхэм щыхэхъуащ цIыхум и узыншагъэм дежкIэ шынагъуэ къэзышэ  ртутым и бжыгъэми. 
Апхуэдэ щытыкIэм иуващ Азие Курытым щыIэ Тянь-Шань, Памиро-Алай къурш зэрыбынхэри. Телъыджэщ, ауэ, сабэ теплъэ зиIэ гъущIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лъэужь щыплъагъунущ Антарктидэмрэ Гренландиемрэ я мыл щхьэфэхэми, Анд тхыцIэ лъагэ екIуэкIым и джабэ нэкIухэми. Щхъухь зыхэлъу ябж бдзапцIэр, дзырхъыр, жэрыбзэхыр, дзыгъуэгъалIэр, нэгъуэщIхэри къуршылъэхэм нэхъыбэ зэрыщыхъум промышленностым и зэран зэрыхэлъым шэч къыщIытепхьэжыни щыIэкъым.
Ауэ щыхъукIи, Iэпкълъэпкъым дежкIэ шынагъуэ къэзышэ щхъухь зэмылIэужьыгъуэхэр щIыгулъым зэрыхэзэрыхьыр зи зэраныр промышленностым и закъуэкъым, атIэ езы дунейм и къэхъукъащIэхэми, псом хуэмыдэжу мафIэбгхэр къызэриуми, елъытащ. 
Псалъэм папщIэ, мафIэбгхэм къапкърыкI канцероген пкъыгъуэхэм тралъхьэ КъухьэпIэ Африкэм щыпсэу цIыхухэм я шхалъэм лышх узыфэхэр зэрыхуэлъэр. Камчаткэм щыIэ мафIэбг языныкъуэхэм къедза щIыгулъымрэ Iэхэлъахэм щежэх псыхэмрэ къыхагъуэтащ «бензопирен» зи фIэщыгъэ щхъухь гуащIэр. 
Калифорние штатым (США) и бгы лъагэ щIыпIэхэм бдзапцIэ зыхэлъ сабэ зэрыщыкуэдымкIэ къуаншэр, дауи, мелуан бжыгъэкIэ абдежым щызэхэзежэ машинэхэрщ. 
Промышленностым телажьэ IуэхущIапIэхэр зи гъунэгъу бгыхэм телъ уэсыр псынщIэу уфIея хъу къудейкъым, атIэ апхуэдэхэм нэхъ пасэуи ткIун щIадзэ. Къуршыщхьэхэм я лъабжьэкIэ щыпсэухэм къагъэсэбэп языныкъуэ хьэкухэм я уэнжакъхэм къариху Iугъуэмрэ кIэгъуасэмрэ яуфIейр къэзыухъуреихь хьэуам и закъуэкъым – ахэр зытеха уэсымрэ мылымрэ зэхэуфIыцIа иужь, дыгъэ бзий нэхъыбэ зыщIашэ, абы къыхэкIыуи нэхъ псынщIэу ткIун щIадзэ. 
Зи гугъу тщIа щхьэусыгъуэхэм къахэкIыу, псом хуэмыдэжу уфIея хъур бгылъэ гуэлхэрщ. Сыту жыпIэмэ, уэшхыпсрэ псыхьэлыгъуэ щIыкIэу бгыщхьэхэм къыщрихьэжьэ фIеймрэ абыхэм холъадэ, къыхэмыжыжыфуи щызэтрехьэ. Абы псы хъурейм хэс бдзэжьейхэмрэ нэгъуэщI псэущхьэ цIыкIухэмрэ илIыкI къудейкъым, атIэ, фIейр щызэтрихьа езы хыжьейми псыр къыдэуэхыурэ, псыдзэ «емылыджу» бгым къыщех куэдрэ къохъу. 
Абы и закъуэкъым. Хуабэм къигъэтIэсхъа мылыр нэхъ зэпыщIыкIыгъуафIи и пIэ икIыгъуафIи мэхъу. Абы къыхэкIыу, бгыщхьэ джабэ нэкIухэм мыл джей Iыхьэшхуэхэр псынщIащэу къыщрехьэжьэ, гъуэгум къащыпэщIэхуэр зэхачатхъэрэ щIым щыщ ищIыжу. Апхуэдэ къыщыхъуащ Осетием и Карамадон бгылъэ тIуащIэм. Кубометр мелуан 2I-рэ хъу мыл джей шынагъуэм, дакъикъэм зы километр къызэринэкIыу, хуабжьыщэу бгым «зыкъридзыхри», аузым къыдэзэрыхьащ, зыхуэзэу хъуар лъэрыщIыкIыу ирихыу. 
ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, къуршыр нэхъ лъагэхукIэ, ар зэрызэхэкъутэ псынщIагъри нэхъ инщ. Кавказым щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, бгыр зэрызэтещахэ хуабжьагъыр илъэсым и кIуэцIкIэ Гупэ шытххэм я деж зэрыщыхъур километр зэбгъузэнатIэм кубометр 220-рэ зи инагъ щIы зэхэпцIыхьар щызэхэщащэущ. Къырылъэ шытххэм я деж а бжыгъэр кубометри 100-м щыноблагъэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэм ит шытххэм – кубометр 50-м щынос. Апхуэдэурэ кIуэм, Кавказыр зэтес дыдэ хъуным иджыри илъэс мелуан 20 нэхъыбэ хуеижынукъым. 
ЩIы Хъурейм щынэхъ ин дыдэ Эверест бгым метр 8848-рэ и лъагагъщ. Марс зи фIэщыгъэ уафэщI жыжьэм и щхьэфэм километр 23-кIэ щхьэщыIэтыкIауэ уэгум къеплъых мафIэбг абрагъуэр абы къедгъапщэмэ, япэр етIуанэм лъэщIыхьэн щхьэкIэ, иджыри километр 14-м щIигъу хущощIэ. 
Еджагъэшхуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ЩIым тет къуршхэм я дежкIэ километри 8-р гъунапкъэщ, сыту жыпIэмэ абыхэм я лъагагъыр зэлъытар планетэхэм къапкърыкI гравитацием я инагъырщ. Бгым лъагащэу зиIэтмэ, и лъабжьэкIэ щыIэ и Iыхьэм ар хуэмыIыгъыжу, зэфIэщэхэнкIэ хъунущ. АтIэми, Марсыр щIым нэхърэ нэхъ цIыкIущ, ауэ щыхъукIи, абы тет дэтхэнэ пкъыгъуэри, ЩIым къыщишэчынум елъытауэ, щынэхъ псынщIэщ. 
Iуащхьэмахуэ мафIэбгыу ябж, езыри, и лъагагъ елъытакIэрэ, илъэс къэс хэхъуэу жаIэ. АрщхьэкIэ, зэрызэхэдгъэкIащи, Марсым зи гугъу тщIа и вулканым ар зэгуэри лъэщIыхьэнукъым. 
Бгыхэм я къежьапIэр щIы щIагъырщ. Хуэму заIэтурэ ахэр «лIыпIэ» йоувэ, зэман докIри жьыгъэ гъуэгуанэми тохьэ. Аращ ахэр я теплъэкIи я инагъкIи щIызэхуэмыдэр. Къурш щIалэхэр къырыбэщ, ахэм я шытххэр пхъэхыдзэу жанщ, езыхэм удэплъеймэ, уи пыIэр пщхьэрыхун хуэдизу лъагэщ. Ауэ, дунейм къыщытехьа махуэм къыщыщIэдзауэ абыхэм къажьэхоуэ къару зэхуэмыдэхэр. Жьапщэм, псым, хуабэм, щIыIэм, нэгъуэщI абы хуэдэхэми ахэр къагъачэ, япхъэх, яупс, ялъэс, ягъу, яудзэIу. А къарухэм бгы щхьэкIэхэмрэ дзакIэхэмрэ пагъэщхъри, къуэладжэщIэхэри къагъэщI. 
Апхуэдэ щIыкIэкIэ къурш щIалэхэр жьы мэхъу, нэхъапэм яIа теплъэ уардэр яфIокIуэд. Ауэрэ, япэм бгы лъагэ зэрыта щIыпIэр нэхъ лъахъши, зэтеси, зэпIэзэрыти мэхъу. Иджы ахэм я дежкIэ апхуэдэу шынагъуэжкъым щIым и кIуэцIым щызэтрихьа къару мыкIуэщIхэр, быдэу зэрызэтежыхьам къыхэкIыу, япэм хуэдэу зэхакъутэжыфынукъыми. АрщхьэкIэ, щIыр щыхъей щIыналъэхэм зэрыщынэрылъагъущи, апхуэдэ къару гуащIэхэр зэпымыууэ зэныкъуэкъу езы щIыгур щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ къыщычи щызэпыщIыкIи къохъу. ЗэгуэщIыкIыпIэхэр щызэтекIкIэ, языныкъуэ щIы кIапэхэм зыкъаIэт, адрейхэр йотIысэх…

Хэлэжьыхьыжар Къумахуэ Аслъэнщ.

ТАБЫХЪУ Хьэзрит.
Поделиться:

Читать также: