Гъэ псом елэжьынущ«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу Налшык и уэрамхэм ящыщ куэдыр зыхуей хуагъазэ. Мы зэманым гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкI Къэбэрдей уэрамым (Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Осетин уэрамым нэсыху), Осетин уэрамым (Мэлбахъуэмрэ Суворовымрэ я цIэхэр зезыхьэхэм я зэхуакур, Къалмыкъымрэ Щоджэнымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм (2-нэ Тамань дивизием и цIэкIэ щыIэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Полевой уэрамым нэсыху), Мэзлом и цIэр зезыхьэуэрамым (2-нэ Тамань дивизэм и цIэр зезыхьэ уэрамым щегъэжьауэ Профсоюзнэ уэрамым нэсыху), Пятигорскэ уэрамым (ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Уэлджырым и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху), Нэхущым и уэрамым (КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым къыщыщIэдзауэ Осетин уэрамым нэсыху), Руставели и цIэр зезыхьэ уэрамым (2-нэ Тамань дивизэм и уэрамым къыщыщIэдзауэ Профсоюзнэ уэрамым нэсыху). Мы уэрамхэм (псори зэхэту 8 мэхъу) жьы хъуа асфальтыр щIэкIэ щызэрахъуэкIынущ. Осетин, Къэбэрдей, Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамхэм нэхъ лэжьыгъэшхуэхэр къыщрахьэлIэ икIи абыхэм транспорт гъуэгухэр сатыриплIу ирикIуэу ящIынущ. Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэмрэ Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Профсоюзнэмрэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэхэм хуэзэу щаухуэнущ хъурейуэ къекIуэкI транспорт зэблэкIыпIэхэр. ЗэIузэпэщ ящI уэрамхэм мы гъэр икIыху лъэс зекIуапIэхэр зыхуей щыхуагъэзэнущ, гъуэгубгъухэр къагъэнэхунущ, дамыгъэхэр къагъэщIэрэщIэжынущ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
|