ЦIыхубэм нэхъ япэгъунэгъу IэнатIэКъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ ЩIыпIэ самоуправленэм зегъэужьынымкIэ совету УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэм и зэхуэсым. Видео зэпыщIэныгъэ мардэм тету къызэрагъэпэща зэIущIэр ирырагъэхьэ-лIащ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм. Советым и иужьрей зэхуэсыр теухуауэ щытащ щIыпIэ унафэщIхэм лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ я пщэрылъ Iуэхугъуэхэм. Иджырейр тращIыхьащ щIыпIэхэм унафэ щызезыгъакIуэ IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым хэгъэхъуэным, апхуэдэуи щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным. Къэрал унафэщIым зэхуэсым хэтахэм гу лъаригъэтащ щIыпIэхэм я зыужьыныгъэм мыхьэнэ нэхъыбэ етын зэрыхуейм, апхуэдэуи къыхигъэщащ лэжьыгъэр нэхъ тэрэзу зэфIэзых, экономикэмкIэ ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьэ, Iуэхур зэфIэгъэкIыным мылъку къыхэзылъхьэфыну хьэрычэтыщIэхэр абы къыхузэщIэзыгъэуIуэ, хьэрычэт Iуэхум зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ езыт унафэщIхэр зэрыгъэпэжапхъэри.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|