Шу Хасэр зэгухьэныгъэ хъуащ

Адыгэ республикэм зи хэщIапIэр щыIэ, щIыналъэ зыбжанэ щызэдэлажьэ «Шыу Хасэм» хъыбарегъащIэ гуапэ зэбгритыкIащ. Зэгухьэныгъэр къэралым и нэIэ щIэт IуэхущIапIэ ящIащ.

 «ХъыбырыфI къытIэрыхьэжамкIэ дывдэгуэшэну допIащIэ, - щатх щIалэхэм «Шыу Хасэм» и напэкIуэцIым. - Нобэ регистрацэ дызэращIа ди дэфтэрхэр къытIэрыхьэжащ. Иджы Адыгэ республикэм и «Шыу Хасэр» хабзэкIэ къэралым дэлажьэ зэгухьэныгъэ хъуащ. Абы Iэмал щхьэхуэхэр къует лэжьыгъэр нэхъыфIу ебгъэкIуэкIын, Уставыр нэхъ нэгъэсауэ бгъэзэщIэн папщIэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр а Iуэхум адыгэ лъэпкъым и пащхьэ къыщыдит жэуаплыныгъэрщ. Псом хуэмыдэу дыхуэарэзыщ ди гупыж псори жыджэру къыддэзыIыгъ, Адыгэ Республикэм и лIыщхьэ КъумпIыл Мурат. Иджыри къэс тщIа мащIэри дяпэкIэ зиужь дитынухэри сыт щыгъуи хуэунэтIащ ди хабзэр, тхыдэр, щэнхабзэр ди адэжьхэмрэ къытщIэхъуэну щIэблэмрэ я хьэтыркIэ зэдгъэуIужыным, едгъэфIэкIуэным, зедгъэубгъуным».

Еш ямыIэу, Хасэм екIуалIэхэр Урысейм щекIуэкIыу шыр зыхэпщIа дауэдапщэхэми хэтщ. Илъэс къэс зэгухьэныгъэм и гуп къыхэхар йокIуалIэ Санкт-Петербург щызэхыхьэ «Иппосфера» зэпеуэм. Илъэс къэси шуущIэхэм, шыщIэхэм я цIэхэр зэхыдагъэх. Къэралым и нэIэ щIэт зэгухьэныгъэ зэрыхъуам щIалэхэм къару нэхъыбэ, зэфIэкI нэхъ ин къаритынущ, а псом ди щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэ адыгэшыр и лъагапIэм иригъэувэжынущ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: