Муниципальнэ сыхьэт

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муници­пальнэ сыхьэт» зэIущIэ иригъэ­кIуэкIащ. Абы хэтащ и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Адми­нистрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Му­хьэ­мэд, щIыпIэ администрацэхэм я I­э­тащхьэхэр.

 Гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIар лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ хиу­быдэу мы илъэсым ирагъэкIуэкI ухуэныгъэхэмрэ зэрагъэпэщыж унэхэмрэщ. КъаIэта лэжьыгъэ псоми яужь ихьакIэщ. Абыхэм хеу­быдэ, псалъэм папщIэ, фэтэр куэду зэхэт унэхэм къедза пщIантIэхэр зэлъыIухыныр, цIыху зэхэзекIуапIэхэр зы­хуей хуэгъэзэныр, псы  бжьамийхэм якIэлъыплъыныр, ущыпсэуж мыхъуну унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъу­кIыныр, къуажэхэм щэн­хабзэм и унэхэр дэ­щIыхьыныр, гъуазджэмкIэ сабий школыр зехьэныр, школ спортзалхэм, щIа­лэгъуалэ центрхэм, гъуэгущIэхэм елэ­жьы­ныр.
Махуэ къэмынэу, проектхэр гъэзэщIа зэрыхъу щIыкIэм унафэщIхэр кIэлъоплъ. Республикэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ къалэн зыщащIыжа лэжьыгъэхэр и пIалъэм фIамыгъэкIыу яухыну, и фIагъми темыплъэкъукIыну.
КъищынэмыщIауэ, къызэхуэсахэр тепсэ­лъы­хьащ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм е­хьэ­лIа Iуэху­хэм, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къаб­загъэ и лъэ­ныкъуэкIэ щызэфIэхыпхъэ­хэм, губгъуэ лэжьыгъэхэм. Дзэм къулыкъу щызыщIэнухэм я Iуэху зезыхуэ комиссэхэми я гугъу ящIащ. УФ-м и Пре­зидентым и уна­фэ­кIэ а щIалэщIэхэр армэм дашынущ бадзэ­уэ­гъуэм и 15 пщIондэ екIуэкIынущ.
КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм ягу къигъэ­кIыжащ дзэ Iуэху щхьэхуэм хэтхэмрэ абы­хэм я унагъуэхэмрэ я нэIэ трагъэтыным нэхърэ нэ­хъапэ зэрыщымыIэр.

Поделиться: