Cакъыну къыхураджэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэу­хэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ йохъуэхъу дгъэ­лъэпIэну махуэшхуэхэмкIэ - Гъатхэмрэ Лэ­жьыгъэмрэ я махуэщ, Хэку зауэшхуэр Те­кIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 78-рэ ирокъу - икIи къыхуреджэ набдзэгубдзаплъэу щы­ты­ну, терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ хабзэхэр ягъэзэщIэну:
- щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, дыкъэзыухъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу;
- автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;
- хьэпшыпхэм, автомашинэхэм шэч яхуэ­ф­щIамэ, апхуэдэуи теракт ирагъэкIуэкIыну мурад зэраIэм, къагъауэ Iэмэпсымэхэр, пкъы­гъуэхэр цIыхухэм зэраIыгъым фыщыгъуазэмэ, щIэпхъаджагъэ лэжьыным пы­щIахэм ятеухуа хъыбар гуэр къыфIэрыхьэ­мэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ;
- хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ жэуап зыхьхэм­рэ къагъэувхэр вгъэзащIэ.
Дэтхэнэ зы хъыбарри нэсу къапщытэнущ, къаIэрыхьа псоми ятеухуа Iуэхухэр зэфIагъэкIынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун папщIэ.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа хъыбарыр КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым къезыгъэщIахэм я цIэ къраIуэнукъым, апхуэдэуи республикэм щыпсэухэм фIыщIэ хуащI зэрызэхащIыкIым папщIэ.
«Линэ пщтыр» телефонхэр:
- КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым:                48-15-48;
- Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
- КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысейм и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм: 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм: 39-99-99 (плъыр часть).

Поделиться: