Дрогушхуэ ди республикэр ипэкIэ зыгъэкIуатэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэм и щIыхькIэ цIыхухэм зэрехъуэхъур

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху­хэу пщIэ зы­хуэсщIхэ!
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэмкIэ! Нэхугъэрэ хуабагъэрэ къызыпих а махуэщIым зэкъуе­гъэувэ зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъухэр икIи зи ­гуащIэдэкIымкIэ къэралым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэзыщIхэр. Дэ дрогушхуэ ди лэжьакIуэфIхэу зи зэфIэкIхэмкIэ республикэр ипэкIэ зыгъэкIуатэхэм. Ди щIыналъэм лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къыщы­зэIуах, щаухуэ щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэр, абыхэм хуэкIуэу зеужь ­гъащIэми. Нэхъ дахэ, екIу мэхъу ди къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я теплъэр, цIыхухэм я псэукIэр йофIакIуэ. Псом хуэмыдэжу сыхуейщ хъуэхъу псалъэ гуапэхэмкIэ лэжьыгъэм и ветеранхэм захуэзгъэзэну. Абыхэм я фIы­щIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нобэ зэрыгушхуэ Iуэхугъуэхэм ящыщ куэд. 
Мы зэманым дэ къытпэщылъщ мыхьэнэшхуэ зиIэ, жэуаплыныгъэ лъагэ зыпылъ къалэнхэр. Промыш­ленностым, мэкъумэш хозяйствэм, псэу­пIэ ухуэныгъэм, турист, социальнэ IэнатIэхэм хуэгъэпса проект зэмылIэужьыгъуэхэр дгъэзэщIэн ­хуейщ. Дэ дыхущIокъу илъэс бжыгъэкIэ ди псэукIэр зытещIыхьауэ щытыну а унэтIыныгъэхэмкIэ ехъу­лIэныгъэфIхэр зэрызыIэрыдгъэ­хьэ­ным. Си фэщ мэхъу дызэкъуэту, дызэрыIыгъыу ди мурадыфIхэм ­далъэIэсыным дыхущIэкъумэ, Къэ­бэрдей-Балъ­къэрым, ди Хэкум я ехъулIэныгъэ къызэрыкI Iуэху­гъуэфIхэр зэрытхулъэкIынур. 
Си псэм къыбгъэдэкIыу сыныво­хъуэхъу узын­шагъэ быдэ, мамырыгъэ, насыпрэ зэпэщыгъэрэ фиIэну.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться: