Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэхэр етыным и IуэхукIэ

Къахьа ехъулIэныгъэхэмрэ илъэс куэд хъуауэ хьэлэлу зэрылажьэмрэ папщIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр етын

Гончарук Вячеслав Николай и къуэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хыхьэ Прохладнэ къалэ округым, Прохладнэ, Май щIыналъэхэм я дзэ комиссарым
Залиханов Эльдар Михаил и къуэм - «Мобильные ТелеСистемы» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым
Къардэн Мурадин СэфрэIил и къуэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и «Наркологие диспансер» узыншагъэр ­хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и юрисконсульт пажэм,

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр фIэщын

Хьэх Марие Билал и пхъум - Бахъсэн муниципальнэ щIыналъэм хыхьэ Ислъэ­мей къуажэм дэт «Курыт еджапIэ №4» курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт муници­паль­нэ IуэхущIапIэм и къудамэм и унафэ­щIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ                  КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м
№43-УГ

Поделиться: