Абазэ Хьэзиз - мысыр адыгэ усакIуэ

Абазэхэ я лIакъуэр къыщежьар Абхъаз щIыналъэращ, хы ФIыцIэм и Iуфэм, Урысеймрэ Куржымрэ япэгъунэгъуу. Ауэ езы унэцIэр Мысырым къикIауэ къыщIэкIынкIи хъунущ. 
Абазэхэ Урысей империем XIX лIэщIыгъуэм иIэпхъукIахэм ящыщщ. Ауэ языныкъуэ тхылъхэм зэритымкIэ, Мысырым щыпсэу абазэхэр хэкум нэхъ пасэжу, илъэс 600 - 800 ипэкIэщ щикIар. Абыхэм ящыщ куэд иужькIэ Тыркум Iэпхъуэжащ, иужькIэ аргуэру гъуэгу теувэхэри, нэгъуэщI хьэрып къэралхэм зрагуэшащ. Абазэр зи унэцIэхэмрэ ар цIэ къудейуэ зыгъуэтахэмрэ щызэхэгъуащэ къохъу. 
Нобэрей мысыр Абазэхэр жыджэру цIыхубэ гъащIэм холэжьыхь. Абыхэм яхэтщ правительствэм щыщи, генералхэри, социологхэри, композиторхэри, философхэри, журналистхэри, бизнесменхэри. 
Мы тхыгъэм щывэдгъэцIыхунущ мысыр Абазэхэм яз, усакIуэ цIэрыIуэ Абазэ Хьэзиз. Хьэзиз щыпсэу щIыпIэм щыцIэрыIуэ усакIуэщ. Абы и адэжьхэр адыгэ мамлюкхэм я тетыгъуэм щыгъуэ Мысырым Iэпхъуахэм ящыщщ. Езыр лъэпкъкIэ абхъазщ, 1899 гъэм Мысырым дунейм къыщытехьащ. Хьэзиз и зэчийм япэу гу лъызытар Мысырым щыщ адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ Шэукъий Ахьмэдщ, япэ лъэбакъуэхэр ичыну щIалэм къыдэIэпыкъуари аращ. 1930 гъэ лъандэрэ Абазэм и усэхэр къытрадзэн щIадзащ. Шэукъий Ахьмэд къыдэIэпыкъуурэ Хьэзиз итхауэ щытащ «Къэисрэ Любнэрэ» пьесэр.
 
Абазэ Хьэзиз Каир дэт университетым и юридическэ факультетыр къиухащ, прокурор нэхъыщхьэм и къуэдзэу лэжьащ. ИужькIэ Мысырым и парламентым и депутату хахауэ щытащ, Калубие, Фаюм, Миниа, Порт-Саид къалэхэм я унафэщIу щытащ. 1943 гъэм дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и щIыхькIэ «Гуауэм и макъ» усэ тхылъыр къыдигъэкIауэ щытащ Абазэм. ИужькIэ драмэ зыбжанэ диныр и лъабжьэу итхащ: «Аль-Абасэ» (1947), «Мышынэ» (1950), «Шэджэрэту Ддур» (1951), къинэмыщIхэр. «Бжьыхьэ тхьэмпэ пылъэлъыжыгъуэ» (1957), «Зухра» (1968) пьесэхэр иджырей гъащIэм теухуащ. Абазэ Хьэзиз Хьэрыпыбзэм и Академием хэтщ. Мысырым усакIуэхэм я союзым и председателу щытащ, Египетымрэ Сириемрэ я усакIуэ зэгухьэныгъэм и унафэщIуи лэжьащ. Абазэр иджырей хьэрып усэм и джакIуэу къалъытэ. И тхыгъэхэм щыщ куэд муслъымэн диным и пэ къихуэ хьэрып тхыдэм теухуащ: «Аль-Абаса» (1947), «ТекIуа» (1950), «Шэджэрэту Ддур» (1951), «Андалусиер щыкъухьэжам» (1952), «Махрийар» (1961), «Кэусэр», къинэмыщIхэр. 
1946 гъэ лъандэрэ Абазэ Хьэзиз хэхауэ литературэм толажьэ. 1965 гъэм абы ЛитературэмкIэ къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Зэман кIыхькIэ Абазэр хэтащ Мысырымрэ Сириемрэ Гъуазджэмрэ литературэмкIэ я совет нэхъыщхьэм. Хьэзиз и унафэщIу щытащ 1958 гъэм Джарнуси Хьэмид и гъусэу къызэригъэпэщауэ щыта Хьэрып Республикэ зэгуэтым и УсакIуэ Ассамблеем. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: