Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Совету Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-мкIэ къащтам хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Советым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм накъыгъэм и 10-м къыдигъэкIа Указ №55-УГ-м, а УказымкIэ къащта Положенэм икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Советым хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м къыдигъэкIа Указ №163-УГ-мкIэ щIэгъэбыдауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж зэпеуэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ щыIэ Советым хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: 
а)Амщокъуэ Ф. Къ. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Профсоюзхэм я федерацэ» зэгухьэныгъэм и унафэщI» (зэрызэгурыIуам тету)»;
б) Къалэ А. Хь. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ипщэ къудамэ нэхъыщхьэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ Лъэпкъ банкым - къудамэм и унафэщI (зэрызэгурыIуам тету);
в) Къумахуэ А. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Монополием пэщIэт федеральнэ IэнатIэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI» (зэрызэгурыIуам тету)";
г) Уянаевэ А. М. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм социальнэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэмрэ лъэпкъ проектхэр пхыгъэкIынымкIэ и лIыкIуэ щхьэхуэ».
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м
№40-УГ

 

Поделиться: