Узыпэмылъэщынум зыпумышэ

Куэд зэрыщыгъуазэщи, хэт и лIы цIыкIуи фызышхуэкIэ ерыщщ. Аращ, къэхъупауэ, мы фэсхьэлIэжыну хъыбарыр зытеухуар. КъысхуэзыIуэтэжар си цIыхугъэ, зы зэман къыздэлажьэу щыта адыгэ щIалэщ.
Япэм щыгъуэ нэчыхь хуатхауэ зэщхьэгъусэ хъуа ныбжьыщIэхэм комсомол хьэгъуэлIыгъуэ хуащIырт. ИужькIэ абы «ЩIалэгъуалэ хьэгъуэлIыгъуэ» фIэщыгъэцIэр игъуэтащ.
 Зэныбжьэгъухэм ящыщ зым къишауэ апхуэдэ джэгу хузэхаублат. МытIорысэ Iейуэ, зы лIы цIыкIу IэмащIэлъэмащIэ Iэнэм къагъэтIысат ди тхьэмадэу. Ар ину икIи гушхуауэ псалъэу, зигъэлI-зигъэхъуу и лэжьыгъэр ирикъутэкIырт. ЗэрыжиIэмкIэ, боксерт, химыгъэщIарэ къытекIуэнрэ дунейм теттэкъым. Ди гъусэ хъыджэбзхэм абы и жагъуэ ямыщIын щхьэкIэ, ягъэщIагъуэ хуэдэу я щхьэр хуащIырти, нэхъыбэу абыхэм захуигъэзауэ ирикъутэкIырт. Къэфэнри-джэгунри, ефэнри-ешхэнри зэфIэкIауэ дыщызэбгрыкIыжым, Iэнэм бжьыпэр щызыIыгъа тхьэмадэр ди лъэныкъуэмкIэ нэкIуэжын, дэ здэтшэжын хуей мэхъу. Нэдгъэсыжар Iуэхут, демыблэгъауэ димыутIыпщыныр и тхьэлъанэу зригъэнащ лIы ерыщ цIыкIум. Щымыхъум, зэныбжьэгъухэр дызэчэнджэщри, и пщIантIэм дэтшэжащ. И фызым зэрызыкъыхуищIыр зэдгъэщIэну дэри дыхуейт. ЛIы цIыкIум Тхьэ иIуэрт, и щхьэгъусэм нэщхъ-пэщхъ гуэр къыдигъэлъагъумэ, екIурэ-ещхьу димыгъэхьэщIэмэ, дуней иригъэлъагъуну, иригъэкIыжыну. А «иригъэкIыжыну» псалъэр нэхъри нэхъ иныжу насыпыншэм зыбжанэрэ щыжиIэм, зыIут бжэр, пылым и инагъым ебгъэпщэн хуэдизу, цIыхубз зэIэщIэлъыфIым къыIуихри: «Уэ урамыгъэкIыжмэ, гуфIи щыс, фейцей цIыкIу, мы къысхуэпша алкашхэри хэт?» - жиIэщ, къеуэри, дыкъезыгъэблэгъэну яужь ита ди боксер цIыкIур нокаутым игъэкIуащ. ДэркIэ зыкъыщигъазэм, ди лъэгум хьэндырабгъуэ щахуам хуэдэу, ди лъэр къыдэтхащ.
«Ди щхьэщыгум итым фIыщIэ худощI, нэщIэбжьэншэ дызэрыхъуам папщIэ. И инагъкIэ пхуэфэщэн щхьэ къапшэ мыхъурэ? Сыт щIызпыпшэн хуейр узыпэмылъэщынум?» - жаIэрт жи щIалэхэм.
 

 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: