КIэрыхубжьэрыхум дыщIимыгъэнэн папщIэ

Нобэ ЩIым щыпсэу цIыху бжыгъэм хуэдиз зэуэ дунейм щытета къэхъуакъым - меларди 7,5-рэ дохъу. ЗэрыгурыIуэгъущи, иджы хуэдэу кIэрыхубжьэрыху куэд зэи щыIакъым. 
Куэншыбрэ кIэрыхубжьэрыхуу губгъуэм иткIутэр, псым хэткIутэр Iэужьыншэ хъукъым: абыхэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къахокI, псэущхьэхэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ зэран яхуохъу, хьэуар, псыр яуфIей. 
НэхъапэIуэкIэ пхъэ, тхылъымпIэхэкIхэр щIым хэкIуэдэжу щытамэ, нобэ гъущIхэкI, радиоактивнэ пкъыгъуэ, пластмассэ, щIым хуэмыгъэткIу къинэмыщI куэдкIэ ди щIыр докудэ. Псалъэм папщIэ, илъэсым къриубыдэу пластмасс птулъкIэ мелард 200, стэчан цIыкIуу мелард 58-рэ хыфIыдодзэ. А псор, зэрыгурыIуэгъуэщи, щIым хофыхь, абыхэм къапкърыкI щхъухь гуащIэхэр щIым къыщIэтш псы дызэфэм къыхолъадэ, къэкIыгъэхэм зыщIашэ, дэ ар дошхыж. КъищынэмыщIауэ, щIым хуэмыгъэткIуар абы илъэси 100-кIи хэлъыфынущ, зэран хъууэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэрыхубжьэрыху идзыпIэу зыбжанэ иIэщ, цIыхухэм зэран яхуэхъуу, иращIэнур ямыщIэу, хабзэм къемызэгъми, IэмалыншагъэкIэ абдежхэм щызэхуахьэсын хуей хъуауэ. Псалъэм папщIэ, Аруан куейм гъуэгубгъур кIэрыхубжьэрыху идзыпIэ щащIри, псалъэмакъ куэд къекIуэкIащ. Абыхэм щелэжь IуэхущIапIэ къызэIуаха иужькIэщ псори тэмэм щыхъужар. НобэкIэ апхуэдэ пхъэнкIий идзыпIэхэр къуажэ къэс щыIэщ, ауэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм зэрыщыжаIамкIэ, нэхъ фIей дыдэу республикэм щыIэр Майскэ къалэмрэ Дзэлыкъуэкъуажэ, Зеикъуэ, Къэрэгъэш, Щхьэлыкъуэ, Лашынкъей, Красносельскэ, Малкэ къуажэхэмрэщ. 
Сыт ар къызыхэкIыр жыпIэмэ, къуажэм и кIэрыхубжьэрыхур зыхуей хуагъэзэн хуэдэу администрацэхэм ахъшэ иратыркъым, республикэм апхуэдэ IуэхущIапIэ закъуэтIакъуэщ щыIэри, а псом пэлъэщыркъым. 
КIэрыхубжьэрыхухэм зэрелэжьыж щIыкIэм, хамэ къэралхэм а Iуэхур зэрыщыгъэувам тыдогъэпсэлъыхь КъБКъУ-м и профессор, химие щIэныгъэхэмк1э  доктор Мэшыкъуэ Нурхьэлий. 
- Нурхьэлий, мы дунейм сыт къыщекIуэкIрэ кIэрыхубжьэрыхухэм ятеухуауэ? 
- Псом япэрауэ, къыхэгъэщыпхъэщ илъэсым тещIыхьауэ зы цIыхум кIэрыхубжьэрыхуу килограмм 300 зэрыхуэзэр. КъызэрыгуэкI цIыхум и унэм щIихым и проценти 10-р гъэсыныпхъэщ, 25-р - ерыскъыпхъэщ, 50-р - полимерщ, 15-р - гъущIхэкI, бзыпхъэ, абдж, хьэфэ, къинэмыщIхэращ. Куэд егупсысу пIэрэ хыфIадза пхъэнкIийм адэкIэ иращIэм, здахьым? ЗэрытщIэмкIэ, ди кIэрыхубжьэрыхухэр машинэшхуэхэмкIэ губгъуэм яшэри иракIут, зэтраубэ. Европэм и къэрал зызыужьахэм нэгъуэщIщ щытлъагъур: кIэрыхубжьэрыхур зэхадз, унэм щIахын ипэ къихуэу. ТхылъымпIэр, абджыр, полимерыр щхьэхуэ-щхьэхуэу зралъхьэ яIэщ. Е пщIантIэм кумбыгъэшхуищ къыдагъэувэ, кIэрыхубжьэрыхухэр зэхэдзауэ ирадзэу. Ар нэхъ тыншыжщ. Машинэшхуэхэр къыкIэлъокIуэри, кIэрыхубжьэрыхухэм щелэжьыж заводхэм зыхуей щыхуагъазэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мэзри, хьэуари, псыри, щIыри яхъумэ. Дауэ жыпIэмэ, тхылъымпIэр ягъэвэжурэ, ягъэкъэбзэж, абджыр ягъэткIуж, полимерыр мономеру зэпкърагъэхужри, щIэрыщIэу нэгъуэщI хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкIыж. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы мылъку нэхъ мащIэ токIуадэ, псалъэм папщIэ, мэзым пхъэ къыщIэпшу къыхэпщIыкI нэхърэ. 
- СыткIэ шынагъуэ кIэрыхубжьэрыху идзыпIэхэр?
- Псом япэрауэ, ар уэгум йохьэ, жьауэм хуэдэу ди щIыгум къыщхьэщогъуалъхьэри, дыгъэпсыр къыпхыкIыу, ауэ хьэршым имыгъэзэшыфурэ, хьэуар къегъэплъ. Хуэбагъэм хэхъуэху мылхэр мэткIу, дунейпсо тенджызым зыкъеIэт. ЕтIуанэрауэ, кIэрыхубжьэрыхухэр езыр-езырурэ зэпкърыхужыркъым, ахэр илъэсищэ бжыгъэкIэ щIым хэлъыфынущ зэран хъууэ. ЩIыр зыхуей хуэбгъэзэжыным зэман куэдрэ мылъкушхуэрэ токIуадэ. Ещанэрауэ, дунейр щыхуабэм деж кIэрыхубжьэрыхухэм мафIэ къащIэнэнкIэ шынагъуэщ. Псалъэм папщIэ, дезодорант къэплъар къауэрэ тхылъымпIэм щIэнэмэ, Iэгъуэблагъэм ит къэкIыгъэхэм, жыгхэм зридзынущ. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и гугъу пщIымэ-щэ?
- Ди республикэм къыщекIуэкIыр псори нэрылъагъущ - къуажэ, къалэ къэс щIыпIэ хэха яIэу абы щызэтракIутэу аращ. Аруан куейм гъуэгу Iуфэм деж щызэтракIутэу щытат кIэрыхубжьэрыхур. Абы хуабжьу дигъэпIейтейрт. А щIыпIэм пэмыжыжьэу завод щаухуэри, псори ягъэкъэбзэжащ. Мис апхуэдэ заводхэр район къэс дэщIыхьыпхъэщ, ди республикэ дахэр адэкIи щIэрэщIэн папщIэ. «КомбиТех» технологиер къагъэсэбэпу, хамэ къэрал IуэхущIапIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэрыхубжьэрыхум щелэжьыж завод зыбжанэ щрагъэухуэну зэрызэгурыIуэнум тепсэлъыхьащ иджыблагъэ. Дауи, ар фIы дыдэт, сыту жыпIэмэ, кIэрыхубжьэрыхум уелэжьын щхьэкIэ мылъкушхуэ ухуейщ, ди къару закъуэкIи а Iуэхум дыпэлъэщынукъым. Ди республикэм «Экопункти» 10 щыIэщ, абыхэм абдж, пластмассэ, тхылъымпIэ Iах, уасэ гуэр къыпэкIуэу. Бахъсэн къалэм щаухуэ кIэрыхубжьэрыхум щелэжьыну цех. Сэ зэрысщIэмкIэ, а IуэхущIапIэм Бахъсэн къалэм къищынэмыщIауэ, республикэм и адрей щIыпIэхэми кърашхэр щыIахынущ. ХьэрычэтIыщIэ зыбжанэми дызытепсэлъыхь завод цIыкIухэм хуэдэ къызэрагъэпэщри, ари хъарзынэщ. 
 

 

Епсэлъар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: