КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм зэрехъуэхъур

«Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм и махуэр хэхауэ ягъэлъэпIэн щыщIадзар 2020 гъэрщ, коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр къыщежьарщ. Ди къэралым и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ УФ-м и Правительствэм 2020 гъэм мэлыжьыхьым и 28-м къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, ар ягъэлъэпIэн щIадзащ. А махуэри зэрымыщIэкIэ къыхахакъым. Илъэси I24-рэ ипэкIэ Москва къыщыунэхуауэ щытащ «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и япэ станцхэмрэ зэIэзэнухэр сымаджэщым зэрашэн гуимэхэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и зы къудамэщ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэр», езым и станцэ щхьэхуэ иIэжу, зыхуэныкъуэ машинэхэмкIэ къызэгъэпэщауэ, нэхъыщхьэращи, абы щолажьэ зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр.
Къалэн нэхъ гугъу дыдэм зи гъащIэр хуэзыгъэпса цIыхухэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и щыхьэтщ а махуэр. Ахэращ дэ зызыхуэдгъазэр ди узыншагъэкIэ гуныкъуэгъуэ дыщиIэкIэ. Махуэр яхуэгъэзащ а IэнатIэм пэрыт лэжьакIуэ псоми – дохутырхэм, фельдшерхэхм, медсестрахэм, санитархэм, машинэхэм я шофёрхэм. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зыщиубгъуа лъэхъэнэм абы и «удын хьэлъэм» япэу пэщIэувар ахэращ икIи я узыншагъэмкIэ шынагъуэу зэрыщытми къримыгъэкIуэту яхузэфIэкIыр ящIэу лэжьащ. «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэр ноби ди цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным щыпэрытхэщ.
«Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм фIыщIэ фхузощI лIыгъэшхуэрэ гуащIэшхуэрэ зэхьэлIэн хуей фи IэнатIэ мытыншыр фехъулIэу зэрефхьэкIым папщIэ. Гугъу зевгъэхьу фэ фогъэзащIэ фи къалэн псори, сыт хуэдэ щытыкIэм фыкъимыхутами, фи IэщIагъэм фыхуэпэжрэ цIыхугъэшхуэ къэвгъэлъагъуэу. Си гум къыбгъэдэкIыу фи махуэшхуэмкIэ фэри фи унагъуэхэми сынывохъуэхъу узыншагъэ быдэрэ зэIузэпэщ псэукIэрэ фиIэну. 

Поделиться: