Щэнджэлей и лIакъуэ

Черкасскэ Щэнджэлей и къуэ еплIанэ Мусалы 1636-1661 гъэхэм пщыгъуэр иIыгъащ. Пащтыхь Михаил Федоровичрэ Алексей Михаиловичрэ я тетыгъуэм ирихьэлIэу Урысейм и ипщэ къэрал гъунапкъэхэм щекIуэкIа зауэхэм хэтащ къэбэрдеипщыр, кърымхэмрэ нэгъуейхэмрэ япэщIэту. КъищынэмыщIауэ, пащтыхьым и цIэкIэ бгырыс лъэпкъхэм дипломатическэ зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэу, дзыхь къыхуащIу щытащ. 
А зэманым ЕвропэмкIэ къикIа зыплъыхьакIуэхэм я тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Мусалыи, абы и унагъуэми, и анэми урысыбзэри тэтэрыбзэри зэхуэдэу ягъэшэрыуэрт. Тхыгъэхэр щыхьэт тохъуэ Мусалы зэфIэкIрэ хыхьэхэкIрэ иIэу, пащтыхьым и унафэр Терки жыхуаIэу щытам, иджы Владикавказ къалэм щигъэзащIэу зэрыщытам. 
Щэнджэлей и къуэ Щолэхъу, Мусалы и къуэш нэхъыжьым, и пщыгъуэр 1636 гъэм иухауэ щытащ – ар шым къехуэхри иукIат. А илъэс дыдэм Мусалы Москва ираджэри, пащтыхьым къыжриIащ ар и къуэшым и пIэ зэриувэр, абы зэрихьэу щыта къулыкъумрэ къалэнхэмрэ и пщэ къызэрырилъхьэр. Пэжщ, Мусалы къуэш нэхъыжьитI иIэт, Будэщей мырзэрэ Алъхъас мырзэрэ, ауэ абыхэм пщыгъуэр къалъысыртэкъым, Тэрч быдапIэм зэрыщымыпсэум къыхэкIыу. ЗэкъуэшитIыр Къэбэрдейм щыпсэурт, Идар и лъапсэжьым ису. Пщыгъуэр къызылъыса Мусалы Къэбэрдеишхуэм и унафэщI Щоджэныкъуэ Алыджокъуэ благъэ ищIыну мурад ищIащ икIи и къуэш лIам и щхьэгъусэу щыта Пэрхъан псэгъу ищIащ, а зэманым къекIуэкI хабзэм тету. ЦIыхубзыр Алыджокъуэм ипхъут. 
Мусалы Тэрч зэригъэзэжу Щэнджэлейхэрэ Къундетхэрэ зэфIэнащ, зэгурымыIуэныгъэ я зэхуаку къыдэхъуащ. 1639 гъэм Къундет Чэлимэтрэ Елдаррэ пащтыхь Михаил Федорович зэрыхуэтхьэусыхамкIэ, Будэщей и къуэшхэр щIыгъуу къатеуэри, я къуажэхэр ягъэсат, езы тIур мэзым щIэкIуасэри, апхуэдэу къелауэ арат. А къуажэ ягъэсахэм щыпсэуа цIыхухэри, я Iэщхэри, а пщыхэм я анэри, я шыпхъуитIри Алыджыкъуэхэрэ ХьэтIохъущокъуэхэрэ иратат. 
Щэнджэлей и къуэхэм Къэбэрдейм щызэрахьа напэтехыр бгъэгъу хъунутэкъым. Будэщейрэ Мусалырэ зэхащIыхьам папщIэ, я уэркъ 47-рэ ящIыгъуу Москва ираджащ, абы щагъэтIысри, 1640-1642 гъэхэм Будэщей и уэркъхэр щIыгъуу, Вологдэ быдапIэм щаIыгъащ, Мусалы – Углич. Ахэр зэрагъэкъуаншэр мащIэтэкъым: япэрауэ, 1640 гъэм, Персием и шахым и лIыкIуэм Азов деж Мусалырэ и уэркъхэмрэ зэрыщыхуэзар; етIуанэрауэ, Будэщейрэ Мусалырэ Тэрч къалэ кIуэуэ Алыджыкъуэ и къуэ шэсыпIэу абы щыIэмрэ Мысострэ къыдашу дзэзешэ Хилко Иван ирамытыжу зэраIыгъар; ещанэрауэ, пащтыхьым емыдаIуэу, пэщIэувэ Къазийхэ, Щолэхъухэ, Нэгъуей ЦIыкIум я хъан Къэсей и бынхэм ящIыгъуу, Чэлимэтрэ Елдаррэ ятеуэу я къуажэхэр зэрагъэсар, я анэмрэ я шыпхъуитIымрэ Алыджыкъуэхэ я деж зэрахуар; еплIанэрауэ, «фэ фи адэ пщы Щэнджэлей пащтыхьым пэжу бгъэдэтащ, абы и бийхэм езэуащ, емыдаIуэхэр пащтыхьым унафэ лъагэм щIигъэувэрт, щхьэзыфIэфIыгъэ хэлътэкъым»; етхуанэрауэ, «пащтыхь унафэкIэ Горчаков Дмитрий дзэр и гъусэу Алыджыкъуэ сымэ я деж 1641 гъэм щагъэкIуам фи къуэш Алыджыкъуэ къезэуащ. Уи къуэш Алыджыкъуэ Будэщеи и фызри иджыри къэс щопсэури щыIэщ пащтыхьым къемыдаIуэ Къазийхэ я деж». ЗэкъуэшитIыр пащтыхьым щригъэблэгъэнум щыгъуэ ятха тхыгъэм Будэщейрэ Мусалырэ зэрыщагъэкъуаншэр кърагъэлъагъужащ. А тIум я щыуагъэхэр хуагъэгъунут, пащтыхьым пэжу бгъэдэтмэ, хуэлажьэмэ, пащтыхь унафэхэр ягъэзащIэмэ, я къуэш Алыджыкъуи, Будэщей и фызри, и бынхэри Урысейм емыдаIуэ пщы уэлий Алыджыкъуэ къыIахыжу пащтыхь унафэ лъагэм къыщIэувэжмэ, пащтыхьым пэжу хущытыну псалъэ быдэ иратрэ къулыкъу хуащIэмэ, абы и бийхэм урысыдзэхэм я гъусэу ядэзауэмэ, IуэхукIэ зыкъагъэлъагъуэмэ. Аращ 1642 гъэм Гавренов Иван дьякым Будэщейрэ Мусалырэ къажриIар. 
Пащтыхьым и унафэкIэ зэкъуэшитIыр щаIыгъа быдапIэхэм кърашыжри, Москва къашэжащ. Будэщейрэ Мусалырэ къаутIыпщыжыным хэлIыфIыхьауэ щытащ Мамсырыкъуэ и къуэ Черкасскэ Дмитрийр. Ахэр зэрагъэкъуаншэ Iуэхур щызэхагъэкIар 1642 гъэм шыщхьэуIу мазэращ. 
Зэкъуэшхэм я анэ Жылэгуащэ Астрахань «щысыпIэм» щаIыгъати, Будэщейрэ Мусалырэ къаутIыпщыжыным махуэ зыбжанэ ипэкIэ фызри къаутIыпщыжат. Щэнджэлейхэ я пщы бынунагъуэр ягъэпуда щхьэкIэ, абы пащтыхьым жриIакъым Къэбэрдейм хуэфащэ гулъытэмрэ пщIэмрэ хуэщIын зэрыхуейр.
А зэманым Кавказ Ищхъэрэм увыпIэ ин щызыубыда пщы уэлий Алыджыкъуэрэ пщы нэхъыжь ХьэтIохъущокъуэрэ Урысейм и унафэ лъагэм къыщIэгъэувэжыным теухуауэ пащтыхьым къалэн пыухыкIахэр пщы Мусалы и пщэ кърилъхьэри, къиутIыпщыжаш. 

 

 

 

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: