Хэхэс адыгэхэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Адыгэхэм я нэхъыбэр щыпсэур Тыркуращ. Адрей къалэхэм хуэмыдэжу, Къайсэр адыгэ куэд дэсщ, ахэр мин 60-м ноблагъэ. Хуабжьу гуапэщ, ар къэрал къулыкъущIэхэм къалъытэу а къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмкIэ кафедрэ къызэрыщызэIуахар. 
Зи гугъу тщIы кафедрэм 20I8 гъэм и бжьыхьэм япэ курсыр къищтащ. Адыгэбзэр яджыну университетым цIыху 3I-рэ щIэтIысхьащ, абыхэм ящыщу цIыхуиблыр тыркут, адрейхэр адыгэт. 202I гъэм япэ гупым, цIыху I5-м, еджэныр къаухащ. ИужькIэ щIэтIысхьахэми я бжыгъэр а 30-м нэсурэщытащ, ауэ коронавирусым и зэманым цIыху I7-щ щIэтIысхьар. 
2022-2023 гъэ еджэгъуэми цIыху 29-рэ къащтащ. Иджыпсту псори зэхэту курсиплIым студент 60 щоджэ. Студентхэм ящыщ куэдым щIэныгъэ етIуанэ зрагъэгъуэтыну щIэтIысхьауэ аращи, ныбжь нэхъ зиIэхэри, лэжьыгъэ IэнатIэ Iутхэри яхэтщ. Ауэ лъэкI къамыгъанэу йогугъу, еджапIэр зэрыхыфIамыдзэжыным иужь итхэщ. 
Университетым адыгэбзэ кафедрэр къыщызэIуахын папщIэ я гуащIэ халъхьащ адыгэ профессорхэу доктор Озтюрк (Лэнкъуэж) Ильхьан (а зэманым щIэныгъэмкIэ факультетым и декант), инженерхэмрэ машинэухуэхэмрэ щагъэхьэзыр факультетым и профессор доктор Озден (Къущхьэ) Седат. Лэнкъуэж Ильхьан Налшык фIыуэ къыщацIыху. ИнформатизацэмкIэ институтым къызэригъэпэщу щыта конференцэхэм щыIащ, абы и унафэщIу щыта Нэхущ Iэдэм дэлэжьащ, уеблэмэ абы и цIэкIэ ятхыжа тхылъым Ильхьэн и гукъэкIыжхэр ихуащ.
Iуэхум пэрыхьахэм я мурадыр къайхъулIэн папщIэ, кафедрэр къызэIуахын ипэ программэ ягъэхьэзыращ. Абы къызэщIеубыдэ еджэныгъэр, тхыгъэр, псэлъэнымрэ едэIуэнымрэ, урысыбзэр, морфологиер, синтаксисыр, мифологиер, адыгэ сабий литературэр, адыгэ литературэр, адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ, зэдзэкIыныр, нэгъуэщIхэри. 
Тырку хабзэмкIэ кафедрэм и унафэщIу щытын хуейр къэралым и цIыхущ. Абы къыхэкIыу, кафедрэм и тхьэмадэ Илдырым Ариф тырку щIалэщ, илъэси I0-кIэ Москва къэрал университетым щылэжьащ, урысыбзэмкIэ щIэныгъэлIщ. Ар бзэмкIэ хубжьу ядоIэпыкъу егъэджакIуэхэм.
Езы Эрджиес университетым и егъэджэныгъэ ухуэкIэр хуабжьу купщIафIэщ, и литературэ факультетыр лъэщщ. Ар къыхокI бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрырагъэджым: адыгэбзэ, тыркубзэ, урысыбзэ, ермэлыбзэ, иврит, китаибзэ, кореибзэ, хинди, япон, нэгъуэщIхэри. Тырку къэралыгъуэм зэрызиужь программэм ипкъ иткIэ, хэхэсхэм я бзэр яджыжыну хуит ящI, абы папщIэ программэхэри ягъэхьэзыр. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэхэм адыгэ сабийхэр пщыкIуий щызэрыгъэхъурэ, «адыгэбзэ деджэну дыхуейщ», - жаIэмэ, ар къыхузэрагъэпэщынущ. Апхуэдэу ди анэдэлъхубзэр курыт еджапIэ куэдым щадж.
Школхэми и Iуэхур щыIейкъым адыгэбзэр егъэджэным. Абыхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр методикэ лъэщым тету зэхалъхьащ, щхъуэкIэплъыкIэ дахэурэ ягъэхьэзыращ. Гупхэм хэтщ ныбжькIэ, щIэныгъэкIэ зэхуэмыдэхэр. Псалъэм папщIэ, бзэмкIэ мыпсэлъэфхэри екIуу псалъэхэри, илъэсибл фIэкIа мыхъухэри, зи ныбжьыр илъэс I2 е нэхъыбэ хъухэри зэхэсщ. Дерсхэм джэгукIэхэр, зэпсэлъэкIэхэр, социальнэ-коммуникативнэ технологиехэр щыкуэдщ, грамматикэр щымащIэщ. 
Иджыпсту адыгэбзэр щаджыр университетитIщ Дюзджэрэ Къайсэррэ. Дюзджэ - хьэтыкъуеибзэр, Къайсэр къэбэрдеибзэр щрагъэдж. Университетым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтам Хасэхэми адыгэбзэр щригъэдж хъунущ, къэрал лэжьапIэ ув, полицэм щылажьэ хъунущ. 
Факультетым щIэтIысхьэ псоми бзэр зэхуэдэу ящIэркъым. Студентхэм яхэтщ бзэр зыщIэ, тхэф, еджэф; бзэр зымыщIэ, ауэ къызыгурыIуэ; бзэр зэи зэхэзымыхахэр. Нэхъыбэм бзэр ящIэркъым, кириллицэр яцIыхуркъым. Абы къыхэкIыу адыгэбзэр алыфбейм къыщыщIэдзауэ ирагъэдж. 
НыбжькIэ, бзэр зэращIэкIэ зэмыщхьу зэхэт гупым удэлэжьэнри методикэ и лъэныкъуэкIэ гугъущ. Индивидуальнэ бгъэдыхьэкIэ уимыIэмэ, лэжьыгъэм студентхэр дебгъэхьэхыфыркъым, апхуэдэу щыхъукIэ ебгъэщIэфынукъым. Гуп зэхуэмыдэм папщIэ лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ зэгъэпэщын хуей мэхъу, псоми яхузэфIэкI гуащIэр халъхьэфын хуэдэу. А бгъэдыхьэкIэм зэреджэр дифференцированнэщ. Пэжщ, абы зэман куэд егъэджакIуэм трегъэкIуадэ щигъэхьэзырым деж, ауэ дерсыр нэхъ тыншу, псори лажьэу йокIуэкI, темэщIэр зэрагъащIэф. ЕгъэджакIуэхэм къагъэсэбэп ролхэр зыхэт джэгукIэхэр. Бзэр зыщIэм къалэн щхьэхуэхэр хуагъэув. Абы и пщэ къыдохуэ тэрмэшыну, щыуагъэхэр зэригъэзэхуэжыну, гуп лэжьыгъэр къипщытэну. 
Къэбэрдеибзэр хамэ къэрал университетым нэхъапэкIэ зэи щрагъаджэу зэрыщымытам къыхэкIыу, дауи тхылъ хуэныкъуэщ ди лъэпкъэгъухэр. Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм щылажьэ, педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Инчы Иринэ жеIэ: 
- ХэкумкIэ урысыбзэр хамэкъэралыбзэу зэрырагъаджэ методикэм сэ куэд щIауэ сыщыгъуазэщ. Интерактивнэ технологиехэр япэми къэдгъэсэбэпу щытащ, ауэ иджы дистанционнэ программэщIэхэр зэдгъэщIащ, абыхэм я интерактивнэ доскахэр догъэшэрыуэ, студентхэми ахэр зырагъэцIыхуащ. Зи гугъу сщIы технологиехэр лэжьыгъэшхуэщ, зэманыщIэм ижь къыщIихуащ. Ахэри тлъэкIын хуейщ дяпэкIэ. Мис иджы Тыркум щIыр зэрыщыхъеям къыхэкIыу аргуэру онлайну деджэн хуей хъуащ. Псоми къагурыIуэу къыщIэкIынщ, дидактическэ материалхэри абы хуэхьэзыру зэрыщытын хуейр. Зиужь дит мы Iуэхум сыщегупсыскIэ, Кэрролл Льюис и лIыхъужь Алисэ сигу къокIыж: «Ди пIэм диту дыкъэнэфын папщIэ жэрыгъэкIэ дыжэн хуейщ». Аращи, зэрытлъэкIкIэ, зэманым дыкIэлъыщIыхьэну иужь дитщ.
IэнатIэр къыщыхэтхакIэ, гугъуехьхэми дыпэлъэщын хуейщ. АбыкIэ сэ хуабжьу сэбэп къысхуохъу си студентхэр. Абыхэм бзэр фIыуэ ялъагъу, сыт хуэдэ Iэмалхэри къагъэсэбэп я анэдэлъхубзэр зэрагъэщIэн папщIэ. 

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: