Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

«ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ, 18-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:
1. «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ,18-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законыр къэщтэн.
2. Мы Законыр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм хуегъэхьын, Iэ щIидзын икIи хэIущIыIу ищIын папщIэ.
3. Мы Унафэм къару егъуэт ар къыщащта махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ
 Налшык къалэ
2023 гъэм гъатхэпэм и 23-м
№ 686-ПП

Поделиться: