Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон

«ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэр къащхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу Къэбэдей-Балъкъэр Республкэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Законым и 2-нэ, I8-нэ статьяхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым къищтащ 2023 гъэм гъатхэпэм и 23-м
1-нэ статья
 «ХьэрычэтыщIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №38-РЗ-уэ 20I3 гъэм мэлыжьыхьым и I7-м къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
I. 2-нэ статьям и I-нэ, 2-нэ пунктхэм «ХьэрычэтыщIэ лэжьыгъэм хэтхэм» псалъэхэм ящIыгъужын «(абыхэм коммерцэ IуэхущIапIэр зехьэнымкIэ я полномочиехэр зэрыпхагъэкIым къыхэкIыу а IуэхущIапIэм унафэ хуэзыщIхэри я гъусэу)» псалъэхэр.
2. I8-нэ статьям и япэ Iыхьэм мы къэкIуэнухэр къыщыгъэлъэгъуа I3-нэ пункт щIыгъужын:
«I3) федеральнэ законхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законхэмрэ япкъ иткIэ я зэфIэкIым къызэщIиубыдэ нэгъуэщI лэжьыгъэхэри зэфIигъэкIыну».
2-нэ статья
Мы Законым къару егъуэт ар официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм мэлыжьыхьым и I2-м
№14-РЗ

Поделиться: