Ныбжьым зыри тумылъхьэ

 ИлъэситI ипэкIэ дунейм ехыжа Хобсон Мэри Урысейм цIэрыIуэ щызыщIар инджылызыбзэкIэ урыс классикэр зэрызэридзэкIарщ. Ауэ IэщIагъэщIэ зригъэгъуэтыным езыгъэхъуэпсар Толстой Лев и «Война и мир» романырщ. 
 И къуэр гъуэгу къэхъукъащIэм хэкIуэда иужь, Мэри и узыншагъэм тешыныхь къыщIэкIынти, усэ итхын щIидзащ. ГубампIэдэх хуэхъуа сатырхэм цIыхубзым и щIалэм теухуа поэми яхэтщ. 
 Зэгуэрым, операцэ ящIауэ сымаджэщым щIэлъ Мэри и пхъум Толстой Лев и «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» романыр къыхуихьащ. Хобсоным тхыгъэр апхуэдизкIэ игу ирихьати, урысыбзэр икIэщIыпIэкIэ зримыгъащIэу мыхъун нэрыгъым иубыдат. «АпхуэдизкIэ нэпсейуэ сыкъеджэрт а романми, - игу къигъэкIыжырт Мэри, - мэжэлIар шхыным зэрепхъуэм срещхьт. Романыр махуищым «езгъэлъэтэхащ». Ауэ зэрызгъэтIылъыжу, ар къызэрызэмэщIэкIар къызгурыIуащ. Сэ тхылъым сыкъемыджэхха пэлъытэт, сыту жыпIэмэ, сыкъызэджар абы и инджылыз зэдзэкIыгъэрат. Аращ урысыбзэ зэзгъэщIэну мурад щIэсщIар». 
 Бзылъхугъэ гумызагъэр зытегушхуа псор уи нэгу къыщIэбгъэхьэну гугъущ, итIани, а псори щIэныгъэм хуэпабгъэм игу къэмыкIыни хузэфIэмыкIыни зэрыщымыIэм и щыхьэтщ. «Си ныбжьыр хэкIуэтэIуащи, гу сиIэжкъым», - жызыIэхэми «мат» яхуигъэуващ илъэс 56-м урысыбзэм пэрытIысхьа инджылыз цIыхубзым. ДэIэпыкъуэгъу къигъуэтщ, тхылъкIэ зыкъигъэтIылъыхьри, Мэри япэщIыкIэ лъэбакъуэ зыбжанэ и хъуэпсапIэм теIэбэн папщIэ ичащ. Езыри тхакIуэу, усакIуэу щыщыткIэ, псалъэм узэрыбгъэдыхьэну Iэмалхэм хуэхейтэкъым ар. ИтIани, нэгъэсамрэ IэхъуэгъуэтегъэкIымрэ зэи зэхуэдэнукъым. Хобсоныр зыхуейр турист урысыбзэтэкъым, и IэщIагъэм къыщигъэсэбэпыну, бзэм и IэфIыр зэхезыгъэщIэну щIэныгъэ куут. 
 УрысыбзэкIэ тхылъ къеджэфын хуэдизу бзэр зригъэщIа нэужь, Мэри «Война и мир» романыр дерс тхылъ папщIэу къищтэри, махуэ къэс зы псалъэуха зыгуригъаIуэурэ, псалъалъэр иIыгъыу абы ирикIуащ. Апхуэдэ щIыкIэу илъэситIым и кIуэцIкIэ аргуэру романым щIэджыкIыжащ. 
 «Усэм хуэдэу сыкъеджэрт романым, - етхыж Мэри. – Зэ къэщтэгъуэ къэс - зы псалъэуха. А Iэмалым и фIыгъэкIэ куэдыфI зэзгъэщIащ. Нобэр къыздэсым дэнэ деж дэтхэнэ псалъэм сыщрихьэлIами сощIэж». 
 Махуэ гуэрым Мэри Лондон дэт университетым славистикэмкIэ и факультетым телефонкIэ мэпсалъэри йоупщI: «Ныбжь зиIэхэр щIэвгъэтIысхьэрэ?» Езыр абы щыгъуэ илъэс 62-рэ ирикъуакIэт. Жэуапыр игу щрихьым, и лъэ вакъэ ирилъхьэри, Мэри щIэрыщIэу студент партэм дэтIысхьэжащ икIи щIэныгъэхэмкIэ доктор хъуху къэувыIакъым. 
 Хобсон Мэри инджылызыбзэкIэ зэридзэкIащ Грибоедов Александр и «Горе от ума» тхылъри, Пушкин Александр и «Евгений Онегин» романри, урыс классикэм щыщ нэгъуэщI куэди. Зыхэт щIэныгъэ къудамэмкIэ доктор цIэр къыщыхуагъэфэщам, Мэри илъэс 74-рэ хъурт. 
2000 гъэм зэдзэкIакIуэр иужь ихьат пасэрей алыджыбзэр зригъэщIэну. Пушкиным и таурыхъхэр зэридзэкIыну щыхуежьам, ар илъэс 90-м щIигъуакIэт. Урысыбзэри литературэри къэгъэнауэ, цIыхубз губзыгъэм Тхьэм кърита псэукIэ къарум зэрыхузэфIэкIкIэ зригъэузэщIащ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: