Шхын куэдым гу Iув уещI

Хьэнбэл и къуэ Ахьмэд муслъымэн мэсхьэб еплIанэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа хьэлимышхуэщ. Мы тхыгъэм къыщытхьа жыIэгъуэ кIэщIхэр Iэбу Дунья цIэмкIэ тхыдэм къыхэна абы и къуэм «МэжэлIэным теухуа тхылъ» зыфIищам къитхащ. Хьэдис хъуми, пщIэшхуэ зиIэ цIыхухэм далъэгъуа хьэлми, Iэбу Дунья и тхылъым щызэхуихьэсащ нэхъ мащIэ пшхыху, уи дин лэжьыгъэр нэхъ зэрефIакIуэр уи фIэщ зыщI щапхъэ дахэхэр.
*  *   *
Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам ипхъу ФатIимэ Хьэсэн и къуэ Абдулыхь и анэшхуэу щытащ. Унагъуэм щызэIэпах хьэдисхэм язт мыри: «Си Iумэтым нэхъ Iейуэ хэтынухэр тхъэгъуэм хэмыкIхэращ: шхын щIэщыгъуэхэр яшхыу, щыгъын щIэращIэхэмкIэ захуапэу, езыхэри псэлъэрейхэу». 
*  *   *
Лэкъумэн махуэр и къуэм зэреущияхэм щыщ: «Уа, си щIалэ! Уи ныбэ изу умышхэ, сыту жыпIэмэ, ерыскъы куэдыр узыфэхэм я тIысыпIэщ». 
  ***
Даут бегъымбарым и къуэ Сулеймэн бегъымбарым (тIуми Тхьэм фIы къахуищIэ) цIыхухэм щIакхъуэ хужь яригъэшхырт, езым ишхыр хьэ хьэжыгъэ пхъашэм къыхэщIыкIат. 
*  *   *
Япэрей муслъымэнхэм упшэрыныр гуэныхь птелъыным хуэдэ дыдэу напэтехыу къалъытэрт. 
*  *   *
Пшэр фыхъуным фыхуэсакъ, абы гущIэгъуншэ уещI, - жиIэу щытащ Къайс и къуэ Iэмр. 
*  *   *
Iэбдурэхьман и къуэ Хъусен жиIащ: «Лы лей къэпщтамэ, гъур ухъужыху уныкъуэдыкъуэу зыкъэлъытэж».
*  *   *
Iибн Iэрэбий и псалъэ: «Хьэрыпхэм жаIэ хабзэщ: «ЦIыхур зэуэ пшэруи Iуэхум жьы щIэту тегушхуэуи щытыфынукъым». 
*  *   *
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун ХьаIишэ и псалъэу Iурвэ къеIуэтэж: «ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар дунейм зэрехыжрэ Iумэтым ныбэизыгъэм нэхърэ нэхъ бэлыхьышхуэ къатехуакъым. Сыту жыпIэмэ, цIыхухэр я ныбэ изу щышхэкIэ, я Iэпкълъэпкъыр пшэр, ягухэр быдэ, езыхэри хъуапсэрилэ мэхъу». 
*  *   *
Iэбу ТIалиб и къуэ Хьэлий, ХъэтIаб и къуэ Умар (тIуми Алыхьыр арэзы къахухъу) мыпхуэдэу жриIэрт: «Уи ныбжьэгъуитIым (Бегъымбар лъапIэмрэ Iэбу Бэкррэ) ахърэтым уащыхуэзэжыну ухуеймэ, уи гуращэхэр нэхъ мащIэ щIы, уи ныбэ изу умышхэ, уи джанэр дыж, уи бгырыпхыр щIэкъузэ, уи вакъэр лажьэ». 
*  *   *
Динар и къуэ Мэлыч жиIауэ къаIуэтэж: «ЦIыху губзыгъэм шхынымрэ щыгъынымрэ зыдригъэхьэхынукъым». 
Ардыдэм жиIэрт: «ЗыгъэмэжэлIэным пагагъыр ирехужьэ, ныбэизыгъэр абы къару хуохъу». 
Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: