Хэку лъагъуныгъэр дамэ хуохъу

Сурэттехым и IэщIагъэр куэдкIэ пэгъунэгъущ сурытыщIым ейм. Дэтхэнэми зыгуэрым и теплъэ (ар цIыху ирехъу, дунейрауэ щрет) къегъэлъагъуэ, дэтхэнэми гупсысэ къегъэщI. Абы и дежкIэ псом нэхъ лъапIэщ ди хъуреягъкIэ (иныкъуэхэм дэ гу зылъыдмытэу) щыIэ дахагъэр. Ар хыболъагъуэ абы и сыт хуэдэ лэжьыгъэми. Апхуэдэщ дизайнер, фотохудожник Щоджэн Жаннэ и IэдакъэщIэкIхэри.

Жаннэ къыщалъхуар Налшык къалэщ, курыт еджапIэр къиуха нэужь, IэщIагъэ хуэхъунум щыхуеджащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым. Сурэттехыным щыдихьэхар и адэ къуэшым и «Зенит» аппаратыжьыр «гъусэ» щыхуэхъуарщ. Дыщымыуэмэ, Жаннэ и япэ сурэтхэр Iуащхьэмахуэ бгым щыдэкIарщ щытрихауэ щытар. Дэзыхьэха Iуэхугъуэр иужькIэ абы IэщIагъэ хуэхъужащ. И зэчийм хигъэхъуэнымкIэ, зригъэужьынымкIэ Щоджэным сэбэп хуэхъуащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ. Абыхэм я тхылъ тедзапIэм щылажьэурэ Жаннэ и къэухьым хигъэхъуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, тхылъ тедзапIэм дежкIи Жаннэ и сурэтхэмрэ тхылъхэм я теплъэр гъэщIэгъуэну зэрищIымрэ егъэлеяуэ зэрылъапIэр. «Заповедная Кабардино-Балкария», «Кабардино-Балкария: природная жемчужина», «Живописная Кабардино-Балкария», «Неповторимый Нальчик» тхылъхэри нэгъуэщI куэди Жаннэ и лэжьыгъэхэмкIэ гъэщIэрэщIащ.
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм (Налшык къалэ) Щоджэным и гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт («Заповедная Кабардино-Балкария» фIэщыгъэр иIэу) щекIуэкIауэ щытащ. Абы сурэт 80-м нэблагъэ утыку къыщрихьат. Хъыджэбзым и лэжьыгъэхэм я нэхъыбэр ди республикэм и щIыпIэ дахэхэрщ. Абы щIыуэпсым и «бэуэкIэр» зыхещIэ жытIэмэ, пэжыну къыщIэкIынщ. Iуащхьэмахуэ, Шэджэм, Шэрэдж, нэгъуэщI щIыпIэхэми щытриха сурэтхэм узэIэпашэ, уздэщыIа щIыпIэ яхэтми, умылъэгъуауэ «къуэгъэнапIэ» телъыджэ куэд къыпхузэIуах. Апхуэдэ сурэтхэр тепхын щхьэкIэ, шыIэ пхэлъын хуейуэ къыщIэкIынщ, армырмэ къохъулIэныр мащIэщ. 
Жаннэ и лэжьыгъэхэр къазэрыщыхъум теухуауэ ар зыдэлэжьахэм жаIэ:
Къаныкъуэ Заринэ («Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI): Ди республикэм Щоджэн Жаннэ и закъуэу къыщIэкIынщ дизайнер IэщIагъэмрэ сурэттехынымрэ апхуэдэу IэкIуэлъакIуэу здэзыхьыфыр. Ар зэи и пIэ искъым, щIэмычэу щIэ гуэр къелъыхъуэ. ЩIэщыгъуэщ икIи гъуэзэджэщ пщащэм и сурэтхэр. 
Темыркъан Геннадий (сурэтыщI): Жаннэ и сурэтхэм удахьэх. КъызэрысщыхъумкIэ, ди щIыналъэр фIыуэ зыцIыхухэми ар зи щыпэлъагъухэми и сурэтхэр гъэщIэгъуэн ящыхъунущ, абыхэм я фIыгъэкIэ цIыхухэм ди щIыуэпсым гулъытэ хуэфащэ хуащIынри хэлъщ. И лэжьыгъэм гурэ псэкIэ зэрыбгъэдэтым папщIэ Жаннэ фIыщIэ хуэфащэщ.
Котляров Виктор: Жаннэ и лэжьыгъэхэр хьэлэмэтщ. Ахэр тещIыхьащ дэ тхуэдэ цIыху къызэрыгуэкIхэм. И сурэтхэмкIэ абы къыджиIэ хуэдэщ ди щIыналъэм хуэбгъэдэн зэрыщымыIэр, щIыуэпсым и къулеягъкIэ дызэрыбейр. Жаннэ и щIыналъэр фIыуэ елъагъу, а гурыщIэрщ абы дамэ хуэхъури, сурэтхэм щелэжькIэ. Ар ди тхылъ тедзапIэм зэрыщылажьэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа альбому 15-м щIигъу къыдигъэкIащ. Дэ дрогушхуэ Жаннэ и зэфIэкIым икIи дыщогуфIыкI и сурэтхэр утыку къызэрырихьам. 
Котляровэ Марие: Жаннэ шынэ зымыщIэ пщащэщ. Бгым здэщыIэм, ар и лэжьыгъэм дехьэхыIуэри, щыхупIэм щыщхьэщыхьэ къохъу. Гур къегъэувыIэ абы ущыкIэлъыплъкIэ. Жаннэ щосхь ди щIыуэпс бейм, апхуэдэуи гу къабзэкIэ бгъэдэтщ лъэпкъым.
Смирновэ Наталье (филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м хамэ къэрал литературэм и тхыдэмкIэ и кафедрэм и профессор): «Дахагъэ» жыхуаIэм епха гурыщIэхэр зыгъэлъапIэхэм яхуэгъэзащ Жаннэ и сурэтхэр. Абы и гур хузэIухащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Бгыхэр, гуэлхэр, аузхэр, псыхъуэхэр, удз гъэгъахэр - псори къызэщIэткъуэжмэ, тлъагъур зыхуэдэ щымыIэ дунейщ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: