Апхуэди къохъу

Алжирыр Африкэм хеубыдэ. Абы щыщу Бурдж Буаррериджэ цIэ хьэлэмэтыр зиIэ къалэм дэтщ Iэбу Бэкр и цIэр зезыхьэ мэжджытышхуэ, гектар 12 иубыду. Мэрем махуэхэм абы джэду гуэр кIуэрей хъуауэ щалъагъурт. Мэлыжьыхьым и 3-м а джэдум къигъэхъуар нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. Зыщышынэн зымылъагъу псэущхьэ гушхуар турыхь нэмэзыр езыгъэщI Iимамым и дамащхьэм дэлъеящ. 
Мехсас Уэлид нэмэзым здыхэтым джэдур къызэрыдэкIуейм гу лъитэри, ари имыгъащтэу, и КъурIэн еджэнри зэпимыгъэууэ, нэмэзми щыщIэныгъэ имыIэу, и къалэныр игъэзэщIащ. ЖыпIэжыну къэхъуар а тIэкIуращ, ауэ видео зытрахауэ къыщIэкIа Уэлидрэ джэдумрэ я сурэтым щIы хъурейр зэлъигъэIэсащ. Iимам гу щабэм и Тхьэри, зи бзэ мыпсалъэ джэдури, и щIыбагъым дэт жэмыхьэтри арэзы ищIыфри, муслъымэн хьэл дахэ къигъэлъэгъуащ. Сыт-тIэ иджыри Алыхьталэр къызэрытщыгугъыр? 
КъыкIэлъыкIуэ махуэм ислъам динми Алжир къэралми я пщIэр зэриIэтам папщIэ, Мехсас Дин IуэхухэмкIэ министерствэм ирагъэблагъэри, пщIэ къыщыхуащIащ. И сурэтыр интернетым изылъхьа и ныбжьэгъури ищIам хущIегъуэжакъым. 
Ислъамым джэдур къабзэу къелъытэ, уеIусэ щхьэкIи уи андезыр къутэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, щIэх-щIэхыурэ зи цIэ къитIуэ, хьэдисхэм я нэхъыбэр къэзыIуэтэжа Iэбу-Хьурэйрэ щэхьабэ махуэм и цIэр джэду зэрыфIэфIым тражыIыкIауэ аращ тхыдэм къызэрыхэщыр. Пэжыр аращи, Алыхьым и псалъэм пхыкIыпIэ хуищIынур цIыхум и нэгу къыщIигъэхьэфынукъым.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: