Тутын нэпцIхэр къыкъуахащ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и лэжьакIуэхэм налшыкдэсым къытрахащ ищэну зыхуимыт тутын лIэужьыгъуэу мини 5. 
КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэпщытэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым Налшык щыпсэу, илъэс 42-рэ зи ныбжь цIыхухъум къыкъуахащ сату зэращ1 къэрал дамыгъэхэр зытемыт контрафакт тутынхэр.
 Толстойм и уэрамым тет тыкуэным щылажьэ абы и щхьэгъусэм апхуэдэ тутыну 100 къыкъуахащ, я цIыхугъэхэм ящыщ зым ейуэ Нэхущым и уэрамым тет унэ лъапсэр, хабзэм тету, къащри, абыи къэрал дамыгъэр зытемыт тутын нэпцIу 5290-рэ къыщагъуэтащ.
ЦIыхухъум зыкъиумысыжащ ахэр гъунэгъу щIыналъэхэм ящыщ зым къызэрыришамрэ Iуэхум и пэжыпIэм щымыгъуазэ и ныбжьэгъум и деж зэрыщигъэтIылъамкIэ. Экспертхэм къызэрахутамкIэ, псори зэхэту абы къыкъуахащ сом мини 179-рэ и уасэ тутын. 
УФ-м и УК-м и  171.1-нэ статьям и 5-нэ Iыхьэм (къэрал дамыгъэр зытемылъ тутынхэкIхэр къешэлIэн, хъумэн) ипкъ иту Налшык и УМВД-м уголовнэ Iуэху къиIэтащ, хабзэм къемызэгъ сату зэзыгъэкIуэкI цIыхухъум ехьэлIауэ. 

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться:

Читать также: