Самурай-цIыхубзхэр

Тхылъ бжыгъэншэхэмрэ фильмхэмрэ къыщыгъэлъэгъуэжа япон самурайхэм ятеухуауэ хъыбар гуэр зымыщIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Ахэр зауэлI хахуэу, гъэсэныгъэ яхэлъу, пщIэ зэрахьэу, я нэмысрэ хабзэрэ яIэжу, абы тету псэуа лIыхъужьщ. Ауэ куэд щыгъуазэкъым цIыхубзхэри самурай хъууэ зэрыщытар.
Къыхэгъэщыпхъэщ, «самурай» псалъэр цIыхухъум ехьэлIауэ къагъэсэбэпу фIэкIа, бзылъхугъэ самурай хъункIэ Iэмал имыIэу зэрыщытар. Нобэр къыздэсым тхыдэджхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ къахуэхутакъым самурай цIыхубзхэм я щэхур, ауэ абыхэм зэрахьа лIыгъэмрэ къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ хъыбарыжьу кърахьэкI.
Бусидом (самурай хабзэм) къызэрищтэмкIэ, цIыхубз самурайм и къалэн нэхъыщхьэу щытар и щхьэгъусэм хуэпэжынырт, бынымрэ унагъуэмрэ бийм ящихъумэнырт. Абы къыхэкIыу, апхуэдэ унэгуащэхэр сытым дежи зыгуэр къызэрытеуэным хуэхьэзырти, Iэщэр бжэ щIыхьэпIэм пэмыжыжьэу яхъумэрт. Сумарай бзылъхугъэхэр зыхуэлажьэ, зэпха зиусхьэным хуэпэжу, сыт хуэдэ унафэ къыхуамыщIами ар игъэзащIэу, сыт хуэдэ Iуэху и пщэ къыдамылъхьами и кIэм нигъэсу, цIыхухъухэм ещхьуи зэуэфу ягъасэрт,  Iэщэ лIэужьыгъуэ псори зэхуэдэу ягъэIэкIуэрт. 
Самурайхэм, зэрытщIэщи, хабзэу яIащ къыхуащIа унафэр ямыгъэзэщIэфамэ, я ныбэр сэкIэ зыгуапхъыжурэ (сэппуку) заукIыжу. Абыхэм апхуэдэу къахьа емыкIур ягъэзэкIуэжурат. Самурай цIыхубзхэми яхэлъащ а хабзэр, ауэ абыхэм я пщэр щIагъэжыжурат (дзигай). Абы и пэ къихуэу, я лъакъуитIыр зэрапхыжырт – лIа нэужькIэ я хьэдэр зэгъэзэхуауэ щылъын хуэдэу. 
ЦIыхухъухэми хуэдэу, самурай цIыхубзхэми ялъ ящIэжыну хуитт, къамылэжьа кърапэсамэ, и напэр трахамэ. 
Тхыдэм къыхэщыж япэ дыдэ самурай цIыхубзыр Минамотэ Ёритомэ сёгуным и щхьэгъусэ Масакэщ. Ар цIыху Iущу, акъыл жану, хахуэу, лIыгъэ хэлъу щытауэ къаIуэтэж. И щхьэгъусэр щыпсэуми, дунейм ехыжа нэужьи къэрал Iуэхухэр зэрихуэу щытащ. Ёритомэ Масакэ дунейм ехыжа нэужь, уеблэмэ, къэралыр зезыхьар Масакэщ. Япониер а зэращ цIыхубз IэмыщIэ зэрилъар.
Тхыдэм къыхэщыж самурай цIыхубз цIэрыIуэхэр:
1 Томоэ Годзен (II57-I247), Минамотэ но Ёсинаки и щIасэ;
2. Ходзё Масакэ (II56-I225) Минамотэ но Ёритомэ и щхьэгъусэ, и лIыр дунейм ехыжа нэужь къулъшырыфым кIуэри, «сёгун-монахиня» къыфIащауэ щытащ. 
3. Хангаку Годзэн – зауэлI мини 3-м я дзэзешэу мини10 ирикъу дзэм езэуащ. Хангаку шабзэкIэ уIэгъэ ящIщ, гъэру яубыдри, Минамотэ сёгуным деж яшащ. Абдежым Асари Ёситэ хьэщыкъ къыхуэхъури, сёгуным лъэIукIэ зыхуигъэзат пщащэр щхьэгъусэу къритыну. Апхуэдэу, Хангаку хахуэр ажалым къелауэ щытащ икIи Ёситэ дэкIуащ. 
4. Наканэ Такэкэ (1847-1868) – Токугавэ сёгуным хуэлэжьащ. И зиусхьэныр яукIа нэужь быдапIэр зыхъумахэм яхэтащ, абыи щыхэкIуэдащ. 
ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: