Хабзэхъумэхэм лъы ят

Донорым и махуэм ирихьэлIэу Налшык щекIуэкIащ «Лъы тыи, гъащIэр къегъэл» Iуэху щхьэпэр. 

Абы хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэ зэхуэмыдэхэм я лэжьакIуэ 70-м щIигъу. А махуэм абыхэм ятащ лъы литр 33-рэ.
Полицэм и лэжьакIуэхэр фIы дыдэу щыгъуазэщ гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм фэбжь хэзыхахэр, щIэпхъаджащIэхэм я удын зытехуахэр лъы хуэныкъуэ зэрыхъум. 
- Мыпхуэдэ Iуэхухэр дэIэпыкъуэгъушхуэ мэхъу цIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр – гъащIэр - къегъэлынымкIэ. Дэ тта лъыр ди республикэм щыпсэухэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ, я гъащIэр къегъэлынымкIэ сэбэп хъуну дыщогугъ, - жаIащ полицэм и лэжьакIуэхэм.
 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также: