Эндирей щыщ СулътIан- Мут

ЕтIуанэ Iыхьэ

СулътIан-Мут и тетыгъуэм зиубгъуху, и анэм и лъэныкъуэкIэ IыхьлыгъэкIэ къыгуэт Анзорхи, Къэбэрдейм щыпашэ адрей лIакъуэхэми сыт и лъэныкъуэкIи зыкъыщIагъакъуэу щытащ. Дэфтэрхэм языхэзым  мыпхуэдэ псалъэхэм ущрохьэлIэ: «СулътIан-Мут Къэбэрдейм дзэ абрагъуэ къришащ». «Мин 15» бжыгъэр СулътIан-Мут Къэбэрдейм щызэригъэпэща дзэм и инагъырщ. Мис  апхуэдэу къыхэувэрт къэбэрдей адыгэхэр абы зэригъэпэщ Iуэхухэм.

ЗэрыщыжытIащи, СулътIан-Мут и анэр Къэбэрдейм щыцIэрыIуэ Анзор лIакъуэм щыщт. Езы щIалэм и щхьэгъусэу щытащ къэбэрдеипщ Мудар Алъхъэс и пхъур. Черкасский Чэлимэт Елдар ипхъут СулътIан-Мут и  къуэ Айдемыр и щхьэгъусэри.

Къэбэрдеипщхэм япхъухэр шэмхъал тетыгъуэм къыбгъэдэт мурзэхэм къашэрт. Къумыкъу бэчхэм  ящыщ  куэдми адыгэпщхэм благъагъкIэ зыпащIэрт.

СулътIан-Мут Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа Iуэхугъуэ куэдым хэпщIауэ щыта Эндирей тепщэгъуэм и лъабжьэр игъэтIылъащ. Уеблэмэ, къэбэрдеипщхэм я ныкъуэкъуэгъухэм зыщыщагъэпщкIу щIыпIэ хъуауэ щытащ Эндирей, къащхьэщыжын щагъуэту. Эндирей тепщэхэм благъагъкIэ япыщIа къэбэрдеипщхэм я зэхуаку къаугъэ къыдэхъуэмэ, Тарки ирашурэ дэлэл яхуэхъун пашэхэр ирагъэблагъэрт. Апхуэдэ дыдэу тепщэхэр зэдэIэпыкъужхэрт, Къэбэрдей кIуэцIым е хэкум и щIыбкIэ зэгурымыIуэныгъэ гуэр къыщыхъеймэ.

XVII лIэщIыгъуэм пщIэ зиIэ къэбэрдей уэркъ Ботэщ Тохъутэбий цIыху бжыгъэ гуэр и гъусэу Эндирей тепщэхэм ягухьа нэужь, щIы къратри, лъапсэм хуэм-хуэмурэ къуажэшхуэу зиубгъуауэ щытащ, иужькIэ Баташюрт («Ботэщым и къуажэ») фIащыжащ.

Къэбэрдеипщ зыбжанэмрэ эндирей тепщэхэмрэ я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэлъащ. 1614 гъэм и  фокIадэм къыдэкIа «Урыс-дагъыстэн зэхущытыкIэхэм теухуа дэфтэрхэм» итщ СулътIан-Мут адыгэ тепщэхэу Аслъэнбэчхэ, Ансыкъуэхэ, Дударыкъуэхэ, нэгъуэщIхэр зэрыбгъэдэтар. 1645 гъэм къыдэкIа дэфтэрым къыхощ апхуэдэ дыдэу СулътIан-Мут деж къулыкъу щахьу зэрыщытар Елдархэ Къазий и къуэм, Щолэхъухэ Чэлимэт и къуэм, Азнаурхэ Сарукъай и къуэм. Мы зи цIэ къисIуахэм Къэбэрдейм и пщы уэлийм и унафэ щIэт нэхърэ, Эндирейм и тепщэм и унафэ щIэтыныр нэхъ къащтэу арат.

СулътIан-Мут дунейм ехыжа нэужь, лъэпкъитIым яку дэлъ зэкъуэшыныгъэм адэкIи зиубгъуащ. Ар хьэпшып къащIэнахэми, лъэпкъхэм я зэхуаку щызэрахьэ хабзэхэми уи фIэщ ящI. Псалъэм папщIэ, къумыкъу тепщэхэм я къуэхэр пщIэ зиIэ къэбэрдейхэм ирагъэпIын щхьэкIэ ирагъашэу щытащ. Къэбэрдейхэмрэ къумыкъухэмрэ я зэхущытыкIэр уэрэдыжьхэми хъыбарыжьхэми къыхощ.

СулътIан-Мут и анэш Анзорхэ цIыхум зыщиузэщIыпхъэ гъащIэм и сыт хуэдэ лъэныкъуэми фIыкIэ зи цIэр къыхэщ лIакъуэ хэIэтыкIащ. Анзор лIакъуэм пщIы бжыгъэкIэ цIыхушхуэхэр хэкум къритащ, дэтхэнэ зыми и гъащIэм щхьэхуэу утепсэлъыхьыну хуэфащэу. «ЦIыху цIэрыIуэхэр къызыхэкIа лъэпкъ» щыхужаIэ абыхэм Къэбэрдейм.

Анзорхэ я унэцIэр къыхощ Пушкиным и «Кавказ гъэрми», Лермонтовым и «Измаил-бейми». Кавказым къулыкъу щызыщIа Толстой Лев и гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, ар Казин Анзор жыхуаIэм и унафэ щIэтащ, абы тхакIуэр «Зауэмрэ мамырыгъэмрэ» романым щытопсэлъыхь. КъинэмыщIауэ, совет тхакIуэ бзылъхугъэ Рахманиновэ зи унэцIэм Анзор Жэмболэт и цIэр и новеллэхэм я зым темыкIыжын шакъэкIэ хитхащ. Нэхъ нэгъэсауэ Анзорхэ ятеухуауэ щыIэ тхыгъэм ущIэупщIэмэ, ар  Анзор Мудар и «ГукъэкIыжхэрщ».

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Анзорхэ 1180 гъэм Кърымым къиIэпхъукIри, Къэбэрдейм щытIысащ. Анзорыкъуэ жыхуаIэр Къэбэрдей зэхуэсхэм я зым лъэпкъым и нэхъыжьу щагъэуври, абы и деж щегъэжьауэ адэкIэ заубгъуащ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар лIыгъэрэ гъэсэныгъэрэ зыбгъэдэлъ лIы Iущу щытащ.

1825 гъэм Къэбэрдейр Урысейм зыIэщIилъхьа нэужь, къанэшхуэ щымыIэу ахэр я цIыхухэр я гъусэу Шэшэнымрэ Дагъыстэнымрэ Iэпхъуэри, бэнэныгъэр абы щрагъэкIуэкIащ. Лъэпкъым иIыгъа къуажэ 15-м къыдэна цIыхухэр нэхъ къуажэшхуищым трагуэшауэ щытащ. Ахэр: Къайсын Анзорей - иджырей Анзорей жыхуаIэр; етIуанэр - Аслъэмырзэ Анзорей - иджырей Лэскэн ЕтIуанэ жыхуаIэр; ещанэр - Хьэту Анзорей - иджырей Хьэтуей жыхуаIэр.

Урыс-Кавказ зауэр иухыу Къэбэрдейр Урысейм хагъэхьэпа нэужь, Анзорхэ къэралым икIри, я нэхъыбэр Тыркум итIысхьащ. Абы я унэцIэр зезыхьэ Анзорей къуажэ Афшын къалэм пэгъунэгъуу яухуэжауэ щытащ.

Кавказым и тхыдэм уриплъэмэ, сыт щыгъуи урохьэлIэ махуэ хьэлъэхэм я къарур зэхалъхьэу, зы Iэм и Iэпхъуамбэхэм ещхьу, зэрыубыду ем пэщIэтыфахэм. Гугъуехь дыщыIущIэкIэ, дэри СулътIан-Мут щэджащэм и уэсятым дыщIэтыпхъэщ. ЗэгурыIуэныгъэ, зэкъуэшыныгъэ здэщымыIэм, мамырыгъэрэ зыужьыныгъэрэ щыIэнукъым. ЦIыхухэр зэкъуэзыгъэхун къэдмылъыхъуэу, ахэр зэкъуэзыгъэувэн, зы зыщIын щхьэусыгъуэхэр къэдгъуэту тIыгъын хуейщ. Сыт хуэдизу лъэпкъыр мыинми мыцIыкIуми, тхыдэ, бзэ, щэнхабзэ, лъэпкъ хабзэ ирехъу, дэтхэнэ зыми бгъэдэлъыр дуней псо цIыхубэр нэхъ бей зыщIыфын хъугъуэфIыгъуэщ, дэтхэнэ зыми пщIэ хуэщIыпхъэщ.

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: