Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ

Къэгъэпсэуныгъэм теухуауэ

Къэгъэпсэуныгъэри, зэгъэпщэныгъэм хуэдэ дыдэу, етхуанэ классым щадж. Къэгъэпсэуныгъэр - псэ зыIумытыр псэум хуэдэу къэгъэлъэгъуэнырщ. Дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ природэм и щытыкIэмрэ нэхъ наIуэу къагъэлъэгъуэн папщIэ, тхакIуэхэм къагъэсэбэп хабзэщ тропхэм я лIэужьыгъуэхэм ящыщ зы къэгъэпсэуныгъэкIэ (олицетворенэкIэ) зэджэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ псэущхьэхэр, предмет щхьэхуэхэр, дунейм и къэхъукъащIэхэр псалъэу, цIыхум хуэдэу гупсысэрэ зэхэщIыкIрэ яIэу. Псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим и «Бгы собранэ» литературнэ псысэм къыщыгъэлъэгъуа бгыхэр - Казбек, Эльбрус, Мэшыкъуэ сымэ псэ яIутым хуэдэу, гупсысэхэу, Iуэху ялэжьу долъагъу.

КIыщокъуэм и «Уэздыгъей» усэм хэтщ къэгъэпсэуныгъэм и щапхъэ белджылыхэр. Апхуэдэщ «Уэздыгъей щхъуантIэм и закъуэу Нэхъ дахэщ, лъагэщ, нэхъ бжьыфIэщ. Лъей къуацэ фIэлъу и лъакъуэм Жыг Iэджэм хэту мэгуфIэ».

Зэрытлъагъущи, усакIуэм жыгым цIыхум и хьэл-щэн хэлъу къегъэлъагъуэ, тропым и зы лIэужьыгъуэ къэгъэпсэуныгъэр къегъэсэбэпри. Къэгъэпсэуныгъэм и щапхъэмкIэ къулейщ КIуащ БетIал и «Си Хэку» усэри: «Акъужьыр, алъп сэхъуауэ, уи ныджэм щопIейтей», «ЖьакIацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб». Гу зэрылъыфтащи, псэ зыхэмыт акъужьыр «сэхъуауэ», псэ зыпытым хуэдэу «мэпIейтей». ЖьакIэ зытет хабзэр псэ зыIутырщ, цIыхурщ, ауэ щхьэмыжхэр «жьакIацэу» жеIэ усакIуэми, абыхэм псэ яIуту къыпфIегъэщI. Апхуэдэ щапхъэхэр хэтщ адыгэ IуэрыIуатэми адрей ди усакIуэхэм я художественнэ тхыгъэхэми: усыгъэми, прозэми, драматургиеми.

Аращи, псэущхьэхэм я хьэлымрэ я щытыкIэмрэ, дунейм и къэхъукъащIэхэр, хьэпшыпхэр, предметхэр псэ япыту къагъэлъэгъуэным къэгъэпсэуныгъэкIэ еджэ хабзэщ. Абы художественнэ тхыгъэми IуэрыIуатэми къалэнышхуэ щегъэзащIэ.

Егъэлеиныгъэм теухуауэ

Егъэлеиныгъэ. «Гиперболе» алыдж псалъэм, «преувеличение» урыс псалъэм къарыкI гурыIуэныгъэхэм, абыхэм къаIуатэ гупсысэхэм хуэдэ къабзэ къикIыу аращ адыгэ псалъэ «егъэлеиныгъэ» жыхуиIэм. Ар езыр дызыщыгъуазэ художественно-изобразительнэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэм (эпитетым, метафорэм, зэгъэпщэныгъэм, къэгъэпсэуныгъэм, ауаным, н.) ящыщ зыщ.

Художественнэ тхыгъэ щхьэхуэхэм е цIыхубэ IуэрыIуатэм щыщхэм егъэлеиныгъэ ин хэлъу Iуэхугъуэ гуэрхэр гъэщIэрэщIауэ икIи гъэбэтауэ къигъэлъэгъуэныр абы и къалэн нэхъыщхьэщ.

Егъэлеиныгъэр тхакIуэм е усакIуэм художественнэу гъэщIэрэщIауэ къигъэсэбэп хабзэщ, зи гугъу ищI Iуэхугъуэр нэхъ IупщI икIи гъэщIэгъуэн ищIын папщIэ. Егъэлеиныгъэм и щапхъэ куэд хэтщ адыгэ IуэрыIуатэми лъэпкъ литературэми. ЕгъэлеиныгъэкIэ къулейщ «Къарэбэтыр», «Къарэ лъакъуищ», «Хьэгъур», «Мыщэм и къуэ Батыр», «Пелуан къэрабгъэ», «Лашын», «Мыщэ тхьэкIумэ» жыхуиIэ псысэхэмрэ шыпсэхэмрэ. «Сыт хуэдэ гъущIри имыгъэплъу иIуэнтIэфырт, къигъэшыфырт, иупщIэтэфырт». «Арати, пелуан щIалэм сажнищ зи кIыхьагъ, путищэ зи хьэлъагъ «мэлыхъуэ башыр» къищтащ… Шыр здэжэм епхъуэурэ жыгхэр къричурэ гъущI башыжьри и дамэм телъу пелуан щIалэри къыщалъагъум хъаным и зауэлIхэр щIопхъуэж…» («Пелуан къэрабгъэ» псысэр).

Адыгэ литературэм и классик ЩоджэнцIыкIу Алий и лъэпкъэгъухэм фIыуэ зэралъагъур къигъэлъэгъуэн папщIэ, КIыщокъуэ Алим «Усэ къарукIэ бийр бгъэсу» жыхуиIэ усэ купщIафIэм мыпхуэдэу щитхащ: «Нэпс Сэтэнейми и мащIэщ. - Уэ уигъеину лъэмыкI. УэркIэ ныбжьэгъухэр гумащIэщ. - Я гум зы махуэ уимыкI». Зэрытлъагъущи, мыпхуэдэ къэIуэтэкIэм усэбзэр зыкъомкIэ къегъэщIэращIэ, нэхъ щIэщыгъуэ ещI, къиIуатэ Iуэхугъуэр нэхъ гурыIуэгъуафIэ икIи гукъинэ хъунымкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу.

Ди адыгэ тхакIуэхэм ящыщу егъэлеиныгъэр нэхъ шэрыуэу икIи игъуэу, нэхъыбэрэ икIи IэкIуэлъакIуэу къэзыгъэсэбэпахэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Теунэ Хьэчим, Шортэн Аскэрбий, КIуащ БетIал, Къашыргъэ ХьэпащIэ, Къагъырмэс Борис, Тхьэгъэзит Зубер, Бещтокъуэ Хьэбас, Уэрэзей Афлик, Щоджэн Хьэбас, IутIыж Борис сымэ, н. Абыхэм я тхыгъэхэм яхэтщ егъэлеиныгъэм и щапхъэ зыбжанэ.

Дэтхэнэ зы тхакIуэми и щIэныгъэмрэ и есэныгъэмрэ, и Iэзагъымрэ и зэхэщIыкIымрэ нэхъ иныху, абы художественно-изобразительнэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъ IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэп хабзэщ. Абы икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ.

Егъэлеиныгъэм художественнэ тхыгъэм мыхьэнэ зиIэ къалэнышхуэ щегъэзащIэри, аращ абы гулъытэшхуэ щIыхуащIыр.

Егъэлеиныгъэм и щапхъэ куэд хэтщ адрей тхакIуэхэм я художественнэ тхыгъэхэми ди цIыхубэ IуэрыIуатэми.

Егъэлеиныгъэмрэ къэгупсысыныгъэмрэ Iуэху гуэрхэр зэхуаIэми, а тIури зыуэ жыпIэ хъунукъым. Абыхэм литературэм езыхэм я къалэн зырыз щагъэзащIэ. Абы нэхъыбэрэ ущрохьэлIэ усыгъэмрэ прозэмрэ, ауэ драмэ тхыгъэхэри абы хуэхейуэ жыпIэ хъунукъым.

Мы троп лIэужьыгъуэхэм ятеухуауэ яджар еджакIуэхэм къебгъэпщытэж хъунущ тхылъым щыгъэува упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмкIэ.

Поделиться: