Лъэпкъ щэнхабзэм и лъабжьэр гъэтIылъыным зы чырбыш хэслъхьэфамэ…

ЕтIуанэ Iыхьэ

Дапщэщ сэ тхэн щыщIэздзар? Си гугъэмкIэ, сэ сытым дежи сытхэу щытащ. Ауэ япэ дыдэу си усэ къыщытрадзар студент илъэсхэрщ, ар си шыпхъу Галя хузэхэслъхьат.

Телевидением сыкIуа иужь, усэ тхыным сыхунэсыжакъым. Стхыр репортажхэрт, очеркхэрт, фильмхэрт. ИужькIэ илъэс зыкъом дэкIауэ эссехэр щызэхуэхьэса, «Обыкновенное человеческое мужество» си япэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар теухуат сэ сызыхуэза, си гъащIэ псокIэ фIыуэ слъэгъуа цIыхухэм – шыхъуэхэм, мэлыхъуэхэм, альпинистхэм, дохутырхэм, шэч хэмылъуи, усакIуэхэм. УсакIуэхэр сэ сытым щыгъуи зыпэсщI щыIэкъым. ИужькIэ си тхылъ куэд дунейм къытехьэнущ. Ауэ ар си япэ тхылът, абы къыхэкIыуи псом нэхърэ нэхъыщхьэт.

Ди республикэми, Урысейми, СССР-ми, хамэ къэрал куэдми сэ илъэс зыбжанэ хъуауэ сыкъызэрыщацIыхур кинорежиссёрущ. Сэри зыкъызэрыслъытэжыр апхуэдэущ.

 «Амыщ къуажэ» романыр дунейм къытехьэщ, ар щIаджыкIри, тхакIуэу си гугъу ящIын щIадзащ. Романыр Кавказ зауэм теухуащ. Сэ сызэреплъымкIэ, абы пэжыр къыщыгъэлъэгъуащ. ЩIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ислъхьа тхылъыр мы псалъэхэмкIэ соух: «Мыбы щыстха псори къэхъуащ. Псори. Хэбдзыну зы псалъэ хэмыту. Иужьрей дыдэ фоч уэгъуэм нэсыху».

Мы тхылъым итхэм сыт уи фIэщ пщIын е сытым шэч къытепхьэн? Сэ псори къызэрекIуэкIам хуэдэу стхащ. Сыхуейт сэ пэжым. Сыту жыпIэмэ, пэжыр ФIэщхъуныгъэмрэ ГугъапIэмрэ я къежьапIэщ. Ар сыт щыгъуи икъукIэ псынщIэщ, сыт хуэдизу хьэлъэу щытми. Зэрызгъэзэхуэн щыгъын хужь къэбэрдейхэм я закъуэ зэращыстIэгъэным сыщIэкъуакъым. Фащэ хужьыр псоми зэдайщ.

«Мыр Кавказ зауэм теухуа?» - жыфIэу фыкъызэупщIынкIи хъунщ. НтIэ, абыи теухуащ. Теухуащ нобэрей зауэм, Тхьэм жимыIэкIэ, ауэ теухуащ пщэдейрей зауэми. Сэ цIыхухэм яжесIэну сыхуейт: «Фи унэм зыкъомкIэ пэжыжьэу дунейм тет къуажэ цIыкIу гуэр зэтракъутэу щытмэ, абы къиIукI гъуахъуэм, щэIум фи гур игъэузын хуейщ. Арыншауэ хъунукъым. Армырамэ, гуIэгъуэр ди къуажэм, жылэм, къалэм, къэралым къэсынущ».

Сыт си хъыбархэр Амыщ къуажэм, зи хъуреягъым муслъымэнхэр щыпсэу Амыщ чыристан жылэм щIытезухуар? АбыкIэ жысIэну сызыхуейращ: Кавказ зауэр дин зауэ къудейуэ къекIуэкIакъым.

Си тхылъым «псысэ дахэщ» хужызыIэнхэри щIэджыкIакIуэхэм зэрахэтынури сощIэ. Дахэ. СщIэркъым. Псысэ? Хьэуэ. Языныкъуэхэм деж тхылъым къэхъукъащIэхэр зэхуэкъусауэ къыщагъэлъагъуэу къохъу. Хэт ищIэн - зы псыхъуэ гуэр щекIуэкIа Iуэхугъуэхэр нэгъуэщI псыхъуэм щысхьа щыIэнщ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, а псори къэхъуащ: Сэреибгым тета къулъшырыфри, члисэм удэзышей алыдж пкIэлъейри, бгъуэнщIагъхэри, гуэл телъыджэри, къуажэжьри. Ахэр фэзгъэлъагъунщ. Адыгэ ермэлыхэр щыпсэу Армавир и уэрамхэри, Прочнэ Окоп быдапIэм и щIэинхэри… Церп зыкIэрыщIа, мывэ сэх щIэгъэкъуэниплI зиIэ унэхэр зыдэт N быдапIэ хъужыр Налшыкщ!

Псыкъелъэхэри, псыхэри, къуршхэри зыщIыпIи кIуакъым. Дэни кIуэнт? ЦIыхухэр-щэ… Пэж дыдэу апхуэдэ цIыхухэр щыIа? Дауэ щымыIэнрэт? Абыхэм я хъыбар Iэджэ сыщIэдэIуащ, нэхъыбэж тхылъхэм къизджыкIащ. Абыхэм ящыщу хэти фIыуэ солъагъу, хэти сытеплъэ хъуркъым, языныкъуэхэм сахуэгудзакъэншэщ. НэгъуэщIуи хъунукъым. Ар гъащIэщ.

Си лIыхъужьхэм зым адрейм хуегъэгъу. Нэхъыщхьэращи, зэрызэхуагъэгъун Iэмал къалъыхъуэ. Къэбэрдейхэм жаIэ: «Уи бийм утекIуэныр Iуэхум и ныкъуэщ. Уи щхьэм утекIуэжыныр Iуэху псощ».

Тхылъым и кIэр гуIэ шхыным ещхьу ткIыбжьщ. Си хъыбарым и кIэух сатырхэр щыстхым си нэпсхэр къекIуэ зэпытт. Сыгъамэ, си цIыхухъу нэпс ткIуэпсхэр бдзапцIэм хуэдэу хьэлъэнт. Сыт сщIэнт-тIэ? Си гъуэгур ятIэ шыкъыру быркъуэшыркъуэрэ лъагъуэ хэша щызимыIэкIэ…

* * *

Си фильмхэмрэ си тхылъхэмрэ щIыхь тхылъ, дамыгъэ лъапIэ куэд къыхуагъэфэщащ. Я творческэ лэжьыгъэм папщIэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэр къафIэмыIуэхуу щыжаIэкIэ, ар пэжкъым. Пэжыр Iуэху гуэр щытщIэкIэ абы къыпэкIуэнум дызэремыгупсысырщ.

Си дежкIэ дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр сымаджэщым сызыщрихьэлIа лIыжьым къызжиIа псалъэхэрщ. КъыкIэлъыкIуэ зи чэзу фильмыр хьэзыр сщIыри, телевиденэм и канал нэхъыщхьэм щыпхыгъэкIыным икъукIэ гугъу сыдехьауэ сымаджэщым сыщIэхуащ. Махуэ гуэрым сымаджэщым и пщIантIэм хуэмурэ къыщыскIухьу сыдэту, абы щIэлъ зы лIыжь къызбгъэдыхьащ.

- Си щIалэ, - жиIащ абы, - Тхьэшхуэм солъэIу уэ уи узыфэр пщхьэщихыу си деж къигъэкIуэну. Сэ жьы сыхъуащ икIи зыри къысхуеижкъым. Уэ уи лъэпкъым иджыри куэд хуэпщIэфынущ.

Ар жиIэри, хуэмурэ IукIыжащ. А псалъэхэм апхуэдизкIэ сызыщIагъэгупсысыжати, лIыжьым и цIэми сыщIэупщIэнуи сыхунэсакъым. Си пIэм сижыхьауэ куэдрэ сыщытащ, уэшх ткIуэпсхэм я гъусэу си напэм нэпсхэр къызэрытелъэдами гу лъызмытэу.

Лъэпкъ щэнхабзэм и лъабжьэр гъэтIылъыным зы чырбыш хэслъхьэфамэ, абы нэхъ дамыгъэ лъапIэ сэ сыхуейкъым.

Зи унагъуэр фIыуэ зымылъагъум дунейри фIыуэ хуэлъагъунукъым. Абы къыхэкIыуи: «Си дежкIэ гъащIэм щынэхъыщхьэр си унагъуэрщ», - жысIэмэ, зыми емыкIу сыкъищIыну къыщIэкIынкъым. Сэ фIыуэ солъагъу си къуэхэу Зауррэ Залымрэ, си нысэхэу Мананэрэ Анжелэрэ. ЗыпэсщI щыIэкъым си къуэрылъхухэу ПIатI, Марие, Хъалид, Ринэ сымэ. Си щхьэгъусэ Ринэ хузиIэ щытыкIэр си тхылъхэм ящыщ зым ихуа усэмкIэ къэзгъэлъэгъуауэ щытащ.

2015 гъэ

ВЭРОКЪУЭ Владимир.
Поделиться: