Зи гуащIэр ин

Режиссёр, тхакIуэ, РСФСР-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Вэрокъуэ Владимир Хъалид и къуэм и гъащIэр щэнхабзэм хуэлэжьэным триухуауэ ирихьэкIащ, а унэтIыныгъэм абы хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ. ГъащIэ гъуэгуанэ купщIафIэ икIи гъэщIэгъуэн ирихьэкIащ а цIыху щыпкъым. Абы теухуауэ езым итхыжауэ щыта гукъэкIыжхэм фыщыдогъэгъуазэ.
 
Лъабжьэ
Япэ Iыхьэ
Си ныбжьыр здынэсам тепщIыхьмэ, щIалэгъуэр я гум къыщагъэкIыж зэманым сыхыхьащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си гъащIэм и махуэр и кIэм ноблагъэ (ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, абы и пщыхьэщхьэр иджыри къэсакъым), щIымахуэм и плъыфэ хужьымкIэ си щхьэцыр къилащ, бжьыхьэр хуэмурэ IуокIуэт, уэгум ит къру кIапсэм и ужь иту. Апхуэдэу щытми, тутын Iугъуэр дрезгъэхуейуэ лIыжьхэм я гъусэу бжьыхьэкIапэм сыкIэщIэскъым икIи си илъэс блэкIахэм сакIэлъыджэжкъым. Сэ иджыри гъуэгум сытетщ икIи сыхьэзырщ лъагапIэ нэхъ задэр къызэзнэкIыну. СщIэркъым, япэм хуэдэу, Iуащхьэмахуэ и щыгум сихьэфынуми. Ауэ «Приют одиннадцати» лъагапIэм нэс, шэч хэмылъу, сыкIуэфынущ. Хэт ищIэрэ, Iэщыхъуэхэм я къырми сынэсынкIи хъунщ.
Гамзатов Расул жиIауэ щытащ: «Бгым дэтхэнэ уэрэдри къызэрыщыщIадзэр макъамэщ». Сэри си хъыбарыр си сабиигъуэмкIэ къезгъэжьэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди сабиигъуэрщ ди гъащIэм и макъамэ нэхъ дахэ дыдэр.
Сэ I936 гъэм щIышылэм и 2-м, Налшык къалэ сыкъыщалъхуащ. Псей гъэщIэрэщIахэр Iуахыжатэкъым си адэ Хъалид и унэм сыкъыщахьыжам. Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ наркомхэм ящыщ зыуэ щыта, иужькIэ министру, республикэм и цIыхубэ хозяйствэм и унафэщIу лэжьа си адэм ищIэжырт зэгуэрым дунейм плъыжьрэ хужьу зэрызигуэшар.
- А къуажэри, цIыхухэри, щIыри щыIэт, - жиIэжырт абы. – Ауэ иджы щыIэжтэкъым уафэ къащхъуэр, щIылъэ щхъуантIар, дыгъэ дыщафэр. Хьэуэ, ахэри кIуэдатэкъым, ауэ цIыхухэм гу лъамытэжу арат. КъуэгъэнапIэхэм фоч уэ макъхэр къыщыIурт, цIыхубзхэр гъырт, молэхэм хьэдэхэр щIалъхьэрт… 
Хъалид ЛУГ-мрэ рабфакымрэ къиухыу лэжьэн щIидза нэужь, хузэфIэкI ищIащ цIыхухэм уафэ къащхъуэми, удз щхъуантIэми, дыгъэ дыщафэми гу лъатэу я псэукIэр зэтеублэжынымкIэ. 
ХузэфIэкIауэ пIэрэт абы ар?
Си гугъэмкIэ, хузэфIэкIащ. Абы балъкъэр къуажэхэм радиор нишэсащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ симфоние оркестр къыщызэригъэпэщащ, Налшык япэ телефон станцхэр щигъэуващ. Абырэ и ныбжьэгъухэмрэ къэралым куэд дыдэ хуащIащ. Сэ фIыуэ сощIэж ахэр - абы и ныбжьэгъухэр. Си сабиигъуэм абыхэм ящыщ куэдым я куэщIым сисащ. ИужькIэ, корреспонденту сылажьэкIэрэ, абыхэм я IуэхущIафэхэр зыхуэдэр слъэгъуащ.
Сэ Налшык сыкъыщалъхуащ. Ауэ: «Дэнэ узыщыщыр?» - жаIэу къыщызэупщIэкIэ, сэ жэуапу изот: «Шэджэм сыщыщщ».
Си анэшхуэ Бабыхурэ си адэшхуэ ПIатIрэ Шэджэм фIыуэ къыщалъагъурт, езыхэри цIыхухэм гуапэу яхущытыжт. Илъэс куэд дэкIащ абы лъандэрэ, ауэ сэ а къуажэм сыкIуэжамэ, ди гъунэгъухэр си цIэмкIэ къызэджэркъым, атIэ ПIатI и къуэрылъхур жаIэ. Си анэшхуэр нэхъапэ дунейм ехыжащ, си адэшхуэр абы иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ псэужащ. Дунейм щехыжым абы и бынхэм къажриIащ: «Сытым дежи цIыхуу фыщыт!». Ар абы и уэсятт.
ЦIыхухэм сабиигъуэм къыхах анэм и гущэкъу уэрэдыр, я жьэгум къыдих мэ IэфIыр, фIыуэ ялъагъу таурыхъыр. Сэри ахэр псори нобэ си гъусэщ. ЦIыху Iущ гуэрым жиIэгъащ: «Зи жьэгумрэ ГъащIэ зи цIэ гъуэгуанэ кIыхьым зэрытехьэну шыр къызытриша уэрамымрэ фIыуэ зымылъэгъуам Хэкум и мыхьэнэр зэи къыгурыIуэнукъым». 
Сэ сощIэж си сабиигъуэм и уэрамыр. Шэч хэмылъу, дэтхэнэми иIэщ апхуэдэ уэрам. Сэ Налшык къыщызухащ курыт еджапIэр, университетыр, абы лэжьэн щыщIэздзащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, телевиденэ гъащIэр абы щезгъэжьащ. Нобэр къыздэсми а гъащIэм сыкъыхэнащ.
Си къалэм и щхьэгъубжэхэр Кавказ бгыхэм яхуоплъэ. Абы куэд къалэн къыпщещI. Ар щыплъагъукIэ нэхъ лъагэ, нэхъ дахэ, нэхъ къарууфIэ узэрыхъуным ухущIокъу. АтIэ ар Iей? 
Пшэ гуэрэнхэр бгыщхьэхэм щос. Лъахъшэ защIри, зэми, бгыхэм я плIэм щабэу къытогъуалъхьэ, зэми, и лъабжьэм нэсу я «IэлъэщIышхуэр» кърауфэбгъуэх. Апхуэдэу макIуэ илъэсхэр, гъэхэр, лIэщIыгъуэхэр…
Я гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэдагуэшу, я щIакхъуэри, я уэрэдри зыуэ мыбдежым щопсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ. Сэ фIыуэ солъагъу си лъэпкъыр. Зэхэгъэж умыщIу цIыхур фIыуэ плъагъун зэрыхуейм сыхуаущиящ си адэшхуэмрэ си адэмрэ. Абы папщIэ сэ куэдрэ абыхэм фIыщIэ яхузощI.
Си адэ Хъалидрэ си анэ Мариерэ я унагъуэм сэ сабий етIуанэу сыкъихъуащ. Бын пажэр фIы дыдэу слъагъу си шыпхъу Галящ. Си къуэш нэхъыщIэ Валерэ (кхъухьлъатэзехуэ цIэрыIуэ Чкалов Валерий и цIэр фIащат) и ныбжьыр илъэситху хъууэ машинэм иукIащ.
Нэхъапэм сэ куэд дыдэ седжэу щытащ: Лермонтов, Байрон, Толстой, Пушкин, Дюма… Балигъ сыхъури, фIыуэ слъэгъуащ Гамзатовыр, Кулиевыр, нэхъ иужьыIуэкIэ усакIуэшхуэ КIыщокъуэм и творчествэм сыдихьэхащ.
КъыкIэлъыкIуэнущ.
 
 
 
 
 

 

Поделиться: