1864 гъэм накъыгъэм и 21-м

ЦIыхум и Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэрызэрыIыгъым хуэдэу, зэгуэр адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ 12-ри зэнэзэпсэу псэуащ. Урыс пащтыхьыгъуэм кърищIылIа зауэм ахэр илъэси 101-кIэ (1763 - 1864) хэтащ, тхыдэджхэм къызэралъытэмкIи, апхуэдиз хьэзаб зышэчыфа нэгъуэщI лъэпкъ щыIэкъым. Зауэм лъэпкъыр зэбгридзри, дунейм трикъухьыжащ. Абыи емылъытауэ, нобэ, илъэси 159-рэ дэкIыжа нэужьи, адыгэм я щIэблэр дунейм дытетщ.

         Накъыгъэм и 21-р Адыгэхэм я фэеплъ махуэщ. Ди япэ итахэм я лIыгъэмрэ зэфIэкIымрэ дрипагэми, а махуэм адыгэу дуней псом тетыр нэщхъейщ. Гъэ къэс Налшык къалэми республикэм и районхэми дауэдапщэхэр щокIуэкI, Урыс-Кавказ зауэр гузэвэгъуэшхуэкIэ зэриухам теухуауэ.

1864 гъэм накъыгъэм и 21 махуэр зэрекIуэкIар уи нэгу къыщIегъэхьэ урыс пащтыхьыдзэм и полковник, дзэ тхыдэдж Эсадзе Семён итхыжауэ щыта зы пычыгъуэм:

«Дунейр уфауэ, кIагъэпшагъэу, къепсэпсауэу нэху щащ. Къуэбыдэ (Мзымтащхьэ, убыххэм я лъахэм) щиувыкIа дзэм я гуфIэгъуэт: Кавказ зауэр иухат, абы и саулыкъукIэ Къуэбыдэ нобэ парад щекIуэкIынут.

         Махуэр сыхьэт 11-м нэсащ. Iуащхьэм къытеуващ Кавказым и тет дзэпщышхуэр - урыс пащтыхьым и къуэш Михаил Николаевич. Абы къыбгъэдэтт генералхэр, офицерхэр, Георгий орденыр зратахэр. Тхьэ елъэIуа нэужь, дзэпщыр Iуащхьэм къехри, адэ-мыдэкIэ щиувыкIа полкхэм, батальонхэм, шуудзэхэм фIыщIэ яхуищIащ, «мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэху хьэлъэр зэрызэфIагъэкIам папщIэ». Дзэпщым жиIащ: «ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэу, фи лIыгъэм и пщIэр слъытэу, Кавказ армэм и дзэлI хахуэхэм сынывохъуэхъу… Кавказ зауэм кIэ зэригъуэтамкIэ, зауэм къыщывгъэлъэгъуа фи лIыгъэмкIэ, гугъуехьым фыпэлъэщурэ, фэ къулыкъу ин дыдэ хуэвлэжьащ Пащтыхьымрэ Адэ лъахэмрэ: къурш быдапIэхэми, бгырыс хъыжьэхэми, уаеми, хуабэвэхми фыкъызэтрагъэувыIакъым, псори фшэчащ, псори къызэвнэкIащ, лъы вгъажэ зэпытурэ, икIи фи мурадым фылъэIэсащ. ФIыщIэ хузощI ди Iуэхур къыдэзыгъэхъулIа ди Тхьэшхуэм! Адэ хэкум пщIэрэ щIыхьрэ къыфхуещI фэ, Кавказыр къэзызэуа лIыхъужьхэм! Мы нобэрей гуфIэгъуэмрэ мы дакъикъэ телъыджэмрэ ямылъэгъуауэ зауэм хэкIуэда фи ныбжьэгъухэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ!»

         Къуэбыдэ щиувыкIа дзэр щыгъуазэ ящIащ император Александр II къигъэхьа хъуэхъуми: «Си гум къыбгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI текIуэныгъэ иныр къытхуэзыхьа дзэпщхэм, офицерхэм, зауэлIхэм. Абыхэм зэрахьа лIыгъэм срогушхуэ сэ».

         Кавказ зауэм «лIыгъэ щызезыхьахэм» я пщIэр текIуэдакъым урыс пащтыхьым. Дзэпщым, Михаил Николаевич, къратащ Георгий орденым и 2-нэ классыр, налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIа сэшхуэ, «Кавказ зауэр зэриухам и щIыхькIэ» псалъэр тетхауэ. Пащтыхьыр «и къуэш хахуэм» къехъуэхъуащ «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэрэ ипэкIэ бгырыс Iэлхэм зэхаубла лъыгъажэ зауэм кIэ зэрыритам щхьэкIэ». Нобэ щыщIэдзауэ, - къехъуэхъуащ пащтыхьыр и къуэшым, - Кавказым зы лъэпкъ жыIэмыдаIуэ къинэжакъым.

         Кавказ зауэм хэта псоми пащтыхь унафэкIэ къратащ абыхэм хуащIа жорхэмрэ медалхэмрэ – бгырысхэм я лъахэм щагъэжа лъымрэ щызэрахьа «лIыгъэмрэ» я уасэу.

         Георгий орденым и 2-нэ классыр къратащ граф Евдокимовым. Абыи къехъуэхъуащ пащтыхьыр: «Илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ дызыхэта зауэ гуащIэм кIэ езытар уэращ, уэ пхузэфIэкIащ щIыналъэ дахэр бгырыс Iэлхэм къаIэщIэпхын».

         Дамыгъэ лъапIэхэмрэ фэеплъ бэракъхэмрэ иратащ адыгэ лъахэм лъы щызыгъэжа полк, батальон, шуудзэ псоми».

Зым я гуфIэгъуэр адрейм я гуауэт…

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: