Ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэми…

Японием и министрхэм я секретарь нэхъыщхьэ Мацунэ Хирокадзу къызэрилъытэмкIэ, Москва илэжь Iуэхухэр зыкIи пхуэгъэзэхуэнукъым, абы къыхэкIкIи, Урысейм хуэгъэза санкцэхэм захъуэжынукъым, Украинэри даIыгъынущ. Урысейм иращIылIа санкцэхэмрэ Украинэм зэрыдэIэпыкъунумрэ теухуа Iуэхур Мацунэ иригъэкIуэкIа пресс-конференцым  къыщиIэтащ. БгъэщIагъуэу уогупсыс: мы къэралым сыту псынщIэу щыгъупщэжа иджыпсту зи жыIэщIэ США-м Хиросимэрэ Нагасакирэ атом бомбэр щридзыхауэ зэрыщытар?

Зи гугъу тщIы конференцым щытепсэлъыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир ТекIуэныгъэм и парадым къыщыпсалъэу, Урысейм зауэ къращIылIауэ зэрыжиIам. Абы теухуауэ журналистыр зыщIэупщIам жэуап щритыжым, секретарь нэхъыщхьэм тригъэчыныхьащ Украинэм зэрыдэIэпыкъунур, Урысейм иращIылIа санкцэхэри зэрыщIагъэхуэбжьэнур.

Фигу къэдгъэкIыжынщ Путин Владимир Утыку Плъыжьым щыжиIар: «Дунейпсо терроризмэм дыпэщIэувэри идгъэкIуэтащ, апхуэдэуи, Донбассрэ абы щыпсэухэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщын тхузэфIэкIынщ».  КъэхъуамкIэ абы къуаншагъэр ябгъэдэлъу къелъытэ къухьэпIэ къэралхэм я унафэщIхэм. «Москва къебий лъэпкъхэр къухьэпIэми къуэкIыпIэми щыIэкъым», - къыхигъэщащ абы.

Японием мызэ-мытIэу жиIащ Урысейм хуэгъэза бэнэныгъэ иригъэкIуэкIыну, апхуэдэуи, Украинэр зэрыхузэфIэкIкIэ диIыгъыну. УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Руденкэ Андрей апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм ехьэлIауэ жиIащ Японием и правительствэр УФ-р дэкъузэн и лъэныкъуэкIэ США-м и блыгущIэту зэрыщытыр икIи японхэр мафIэгум ипэ иту жэуэ жыпIэ хъунущ. Урысейм ехьэлIа IуэхухэмкIэ чэнджэщэгъуу Японием пIалъэкIэ щыIэ Овечкэ Геннадий ТАСС-м и журналистым дригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ Токио Украинэм и лъэныкъуэу къызэрыувам и зэранкIэ ди къэралхэм я сату, инвестицэ  зэдэлэжьэныгъэхэм хэпщIыкIыу зэрыкIэрыхуар.

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться: